МДЗЫМТЭ (МЗЫМТЭ)

ЩIыпIэцIэхэр

 Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сочэ и Iэгъуэблагъэм щыIэ щIыпIэ телъыджэу иужькIэ «Красная Поляна» зыфIащыжам нэхъапэхэм Къуэбыдэ (Кбаадэ) цIэмкIэ еджэу щытащ. Ар зэгъэщIылIа Мдзымтэ къуршыпс уэрыр къыщыщIидзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм дыгъапIэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэрщ.

Абдежырщ зэрытыр хы ФIыцIэ Iуфэм метр мини 2-кIэ елъэгэкI щIыпIэр зыгъэдахэ Кардывач, Кардывач Ищхьэ хыжьей цIэрыIуэхэу дунеяплъэхэр куэд щIауэ дэзыхьэххэр.

Псыр хъухъущыщу и кIыхьагъкIэ уэрщи, зыдэт къуэм, бгыщхьэхэм уэсыр щыткIуж лъэхъэнэм, махуэм метр зытхух хуэдизкIэ зыкъыщеIэт, километр 89-рэ ижа иужькIэ, Сочэ пэгъунэгъу Адлер къуажэ цIыкIум деж хым щыхолъэдэж.

Аибгэ - Ачишхо шытх бгъунжым и Iэшэлъашэм зэрынэсу, Мдзымтэ зызэщIекъуэжри, узэрыкIэлъыплъыр «зригъэщIэгъуэкI» хуэдэ, нэхъ и лъабжьэIуэкIэ щыIэ Ахъцы жьанэ Iузэвым долъадэ. Абдежыр и IуплъапIэщ «Ахъщты къуэладжэ» зыфIаща уэх екIуэлIэпIэншэм икIи шынагъуэм.

Телъыджэр аращи, Мдзымтэ и псыхъуащхьэхэмкIэ зыщигъэза иужькIэ къурш тхыцIэ нэхъыщхьэм дахащэу докIуэкI. А щIыпIэхэращ узыщрихьэлIэр псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ зыщызыуфэбгъуа мэз гуэрэн дахэшхуэу а цIэ дыдэр зезыхьэм. Мдзымтэ къыхэлъэдэж псы бгъунж нэхъ инхэм ящыщщ Ачипсе (Ажэпс), Чвижепсе (ЦIыкIупс, Чэнжыпс) фIэщыгъэхэр зытеIукIахэр.

Мдзымтэ цIэр къызытехъукIам ехьэлIауэ

Къуршыпс тепыIэншэм гупсэхугъуэ зэримыIэм гу лъызыта лъахэхутэхэм ящыщ гуэрхэм къалъытащ абы зэреджэр убыхыбзэм хэт псалъэу «къибыргъукI», «къитхъутхъукI» мыхьэнэхэр зиIэм къытехъукIауэ. АрщхьэкIэ, илъэс 200 - 250-рэ ипэкIэ мы щIыпIэм зыщызыплъыхьа хамэ зекIуэлIхэм абы и зэхэлъыкIэр IупщI къытщащIын мурадкIэ зэхагъэувауэ щыта картэхэм зэрыщагъэнэIуащи, зи гугъу тщIы псым нэгъуэщI фIэщыгъэхэри (зэщхь хуэдэу къытщыхъуми) иIащ. Псалъэм папщIэ, «Мдзимта», «Миадзимта», «Мезюмта», «Медзюмта». Иужьрей тхыкIэр щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зыхуахьыр абазэ лIакъуэу мы щIыпIэм щыпсэуарщ, урысхэм - «медозюи», адыгэхэм - «мудавей» цIэхэмкIэ, «уэсым щалъхуа цIыхухэр» мыхьэнэр къикIыу, зэджэу щытарщ. ГъэщIэгъуэныр аращи, а фIэщыгъэр зытеIукIауэ къалъытэр зи гугъу тщIы тIуащIэм дэса ахъцыпсэу (ахчипсоу) абазэ лIакъуэм и закъуэтэкъым, атIэ абы и лъэпкъэгъухэу Псоу, Бзыбэ псыхъуэхэр зи хэщIапIэу къекIуэкIа Аибгъэ, Псхьу жылагъуэхэми а цIэ дыдэр зэрахьащ.

Урыс-Кавказ зауэм и кIэуххэм мы щIыпIэм щыпсэуар абазэхэр арами, мыбдежыр адыгэхэми я зекIуапIэу зэрыщытар къыхэгъэщыпхъэщ. Абы и щыхьэтщ фIэщыгъэхэм ящыщ куэдым, псалъэм папщIэ, Мдзымтэ хэлъэдэж псы бгъунжхэм ящыщ зыбжанэм зэрахьэ цIэхэмрэ абыхэм я Iэгъуэблагъэм щыIэ щIыпIэхэмрэ зэреджэр. ЖытIам и щапхъэщ Ахъцыпсэу (Ахчипсоу) жылагъуэм я къуажэ нэхъыщхьэм (иджырей Красная Поляна) зэрихьа «Губгъуэ бгъузэ» (Губгой-абгузу) цIэри, зи гугъу тщIы псы къуэпсхэу Чвижепсе (ЦIыкIупс, Чэнжыпс), Пслух (Псыпыху), Пудзико (Пыдзэкъуэ) зи фIэщыгъэхэри, езы Мдзымтэ километр зыбжанэкIэ зыблэж Псехако (Псыхьыкъуэ) шытхым зэреджэри, иджырей Эстосадок посёлкэм деж щыса Анчу абазэ къуажэм и цIэри.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: