Лъэпкъ тхыдэр къызэрыщыж гъуджэ

Балъкъэр лъэпкъым, ди республикэм, я усакIуэшхуэ Кулиев Къайсын зэрызэджэжыр «Шэджэм псыхъуэ щалъхуа усакIуэ» цIэрат. Ар къыщалъхуат Шэджэм аузым - ди щIыналъэр зыгъэдахэ щIыпIэхэм ящыщ зым. Къайсын и дежкIэ и унэр, къыщалъхуа щIыпIэр нэхъыжьхэм я щIэин къудейтэкъым, атIэ и гъащIэм, и тхыгъэхэм къыпызыщэ лъапIэныгъэт. Хэт абы хуэдэу къэзыIуэтэфар щIыналъэм и беягъымрэ абы щыпсэухэм я уардагъымрэ? Хэт къэзыгъэлъэгъуэфар и лъэпкъым хэлъа бэшэчыгъэмрэ къарумрэ?

Къайсын илъэсий ирикъуат ар Шэджэм Ищхъэрэм дэт школым и пэщIэдзэ классым щагъэкIуам щыгъуэ. ЩIымахуэ мазэхэм школым щеджэрт, гъэмахуэм, езым хуэдэ щIалэ цIыкIухэм я гъусэу, шкIэхэр, мэлхэр игъэхъуу губгъуэм итт, мэкъу еуэрт. Уанэгум быдэу ису (а быдагъэр Къайсын и гъащIэм и хьэл-щэн нэхъыщхьэу дапщэщи щытащ) а Iуэхухэм пэрытурэ, адэшхуэм жиIэу зэхиха балъкъэр уэрэдыжьхэр, пшыналъэхэр къришырт. Макъ жьгъыру зиIэ щIалэ цIыкIум пщIэ лей щиIэт хьэгъуэлIыгъуэхэм: ар тхьэмадэм зыбгъэдигъэтIысхьэрти, зэрышагъащIэхэм папщIэ уэрэдхэр, хъуэхъухэр, къебжэкIхэр жригъэIэрт.
Школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Кулиевыр Москва кIуащ икIи Театр гъуазджэмкIэ къэрал институтым, Луначарскэм и цIэр зезыхьэм, щIэтIысхьащ. Усэ тхыным дихьэх щIалэщIэр апхуэдэуи пщыхьэщхьэеджэу щIэст Литературэ институтым. А лъэхъэнэм Къайсын зригъэцIыхуащ къэралым щыцIэрыIуэ тхакIуэхэр, усакIуэхэр. И къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэр абы­хэм ягу ирихьырт икIи тхылъу къыдигъэкIыну чэнджэщ къратырт. Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу дунейм къытехьауэ щытащ Кулиевым и япэ усэ тхылъыр. АдэкIэ зауэ, лыгъей, бэлыхь…
Совет цIыхубэм а зэманым къахуихьа гугъуехь псори Къайсын нэсу зыхищIащ. Зауэм и япэ махуэхэм Дзэ Плъыжьым хыхьащ ар, езым и лъэIукIэ, икIи парашютист хъуащ. КIыхьт икIи гугъут Кулиевым и зауэ гъуэгур: япэщIыкIэ Прибалтикэ, къыкIэлъыкIуэу Орёл, Тулэ, иужькIэ Сталинград, Севастополь, Кърым, Сиваш гуэлыр…
Зауэр зауэщ - абы дэрэжэгъуэ къозыт хэлъкъым. АрщхьэкIэ Къайсын гуфIэгъуэ дыдэ, гъащIэм и тыгъэ лъапIэ къыщыхъуат и лъахэгъу, и ныбжьэгъу, и къуэш пэлъытэ КIыщокъуэ Алим 1942 гъэм Орёл деж зэрыщыхуэзар. Къайсын уIэгъэ хьэлъэ ­хъуауэ Алим ар зэуапIэ губгъуэм кърихыжауэ щытащ. Госпиталым щIэлъа нэужь, ар хуит ящIат унэм кIуэжыну, ауэ имыдэу Сталинград фронтым Iухьащ. Абы къыщыдэкI газетым щы­лажьэу, ар зэуащ, къалэмри фочри зэдигъабзэу.
1944 гъэм Кулиевыр аргуэру уIэгъэ хъуащ. Сымаджэщым къы­щIэкIыжауэ унэм къагъэкIуэжынрэ пэт къищIащ къызы­хэкIа лъэпкъыр Шэджэм аузым ирашу Къыргъыз щIыпIэ мыцIы­хум залымыгъэкIэ зэрагъэIэпхъуар. Партым и Политбюром кърита хуитыныгъэмкIэ зауэлI хахуэ, офицер, усакIуэ цIэрыIуэ Кулиевыр къэралым и дэнэ щIыпIи, Москварэ Ленинградрэ къищынэмыщIа, щыпсэуну Iэмал иIэт, арщхьэкIэ абы мурад ищIащ и лъэпкъыр здэщыIэм кIуэну, абы къытепсыха бэлыхьыр ядигъэвыну. Апхуэдэуи хъуащ.
Хамэ щIыпIэм гугъуехь куэдым щыпэщIэтащ усакIуэр, ауэ абыхэм иращIыкIыфакъым ар, къызыхэкIа лъэпкъми хуэдэу. Я насыпым къихьри, 1957 гъэм балъкъэрхэр хуит ящIащ я щIыналъэм къагъэзэжыну. Апхуэдиз гугъуехьрэ бэлыхьрэ зышэча цIыхухэр шыIэныгъэ яхэлъу, гу щабэу, псэ къабзэу къызэтенэфащ. Ар лIыгъэшхуэт. Iуащхьэмахуэ Iуплъэжыну зи пщIыхь къы­хэмыхуа балъкъэрхэм я дежкIэ ар дэрэжэгъуэшхуэт. Кулиевым и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ куэд хуигъэпсауэ щытащ а лъэпкъ гуфIэгъуэшхуэм.
Кулиев Къайсын и усыгъэр балъкъэр тхыдэр къызэрыщыж гъуджэщ. Абы иплъэ лъэпкъым зелъагъуж уардэу, лъэщу, гугъуехь псоми пэлъэщыфу. Езы усакIуэм и тхыгъэхэр балъкъэрхэм яхуэхъуащ зи псыхъуэм дэмыхуэжу гъунэгъу губгъуи тафи щIэзыгъэна къуршыпс уэр.
 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: