ХъымыщкIей - Хамышки

Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэлъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыт щIыпIэм деж къыщыщIэбдзэрэ километр 16 хуэдизкIэ укъекIуэтэхыжмэ, сэмэгумкIэ къыщыкъуэунэхукI къуэ гъуэпщкIуам къыдэж псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым деж щысщ.

                   ЩIыпIэцIэм теухуауэ

ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, IыхьитIу зэхэтщ: «Хъымыщ»-рэ (мыбдежым дигу къохьэ «Хьэмыщэ» цIыхухъуцIэри) «кIей»-уэ («кIэй»-кIахэмкIэ). Япэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Iэшэлъашэм щыпсэуа цIыху цIэрыIуэ гуэрым зэреджэу щытарщ. ЕтIуанэр, «кIэй» жыхуиIэр, кIахэ адыгэхэм тIуащIэхэм, къуэбэкъухэм, псыхъуэхэм, ныджэхэм я гугъу щащIкIэ къагъэсэбэп псалъэхэм язщ. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, ар ещхьщ къэбэрдей адыгэхэм ди бзэм хэт «къуэкIий» жыIэкIэм и етIуанэ Iыхьэм.

                                    Тхыдэм щыщу

Адыгэхэм я Хэкужьыр, щIыпIэрысхэр зэхэзехуэн ящIу, къыщазэуа иужьрей илъэсхэм ящыщщ 1862 гъэр. Абы и щIымахуэкIэу, урыс пащтыхьыдзэр абазэхэхэм щебгъэрыкIуэм, лъэныкъуитIри хуабжьу щызэпэщIэувауэ щытащ Щхьэгуащэ щежэх тIуащIэм и нэхъ зэвыпIэ дыдэу къалъытэ Хьэджэхъу и Iэшэлъашэм. АрщхьэкIэ, генерал Гейман зи пашэ урыс дзэлIхэм, топхэри ящIыгъурэ бжыгъэкIи зэрынэхъыбэм къыхэкIыу, бгырысхэр ирагъэкIуэтын яхузэфIэкIащ. ИкIи мэлыжьыхьым и 26-м зэрыпхъуакIуэхэр ихьащ тIуащIэм ину зыщиубгъу сэтей-хьэкхъуафэу зи гугъу тщIы зэвыпIэм ищхьэкIэ щыIэ, Дахэ псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэж щIыпIэм.       

ЖыпIэнур арамэ, 1862 гъэм и кIыхьагъкIэ Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм бгырысхэр пащтыхьыдзэм щыпэщIэтащ. АрщхьэкIэ, мыбдежми, дыгъэгъазэм и 14-м ирихьэлIэу, зэрыпхъуакIуэхэм яхузэфIэкIащ ХъымыщкIей тэхъуанэм я лъэр нахусу, дыгъэгъазэм и 20-м ирихьэлIэу зыщагъэбыдэну.     

Адыгэхэр я Хэку имысыжу илъэс зыбжанэ дэкIри, «Хамышки» зыфIаща урыс къуажэр 1869 гъэм мы щIыпIэм къыщыунэхуащ.

Иужьрей зэманым дызыщыгуфIыкI хъуну Iуэхугъуэхэм ящыщ зыщ мы жылэм ди лъэпкъэгъухэм ящыщ гуэрхэри дэтIысхьэж зэрыхъуар.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: