Псалъэм и щэхурДызэгъусэу тIэкIу дызэдегупсысын ди бзэм къыхэщ псалъэм? ГъэщIэгъуэныщэщ «ШЭ» псалъэм и мыхьэнэр… Сыт къидгъэкIыр мы псалъэм, сытым хужытIэрэ «шэ»? «ШЭ»-м и пIэм ишын, здэщытым ишын къикIыу къокIуэ. Хьэпшыпыр е и пIэм, здэщыIэ щIыпIэм ибгъэкIынумэ, Iух, щIэх, зэбгрых жыдоIэ. Шэн псалъэр щхьэхуэщ. Аращ «шэрхъ» псалъэр гъащIэм къыхыхьэн хуей щыхъуам, а хьэпшыпым цIэ щыфIащыжым лъабжьэ хуэхъуар. Шхуэл, быдз зиIэ псэущхьэхэм «шэ» ящIэтщ. Ари щхьэ «шэ»?! Къэп«ш»ми, щIэфми, «шэ»-р и пIэм ипш гуэру къыбгурыIуэ хъунущ. ИщIэ хъурыщIэми , къыщIиш псыкIэми цIэ хуэхъуащ «ШЭ» псалъэр. Мылъхуэу кIэцI псэущхьэхэри гъуалъхьэкIэрэ, джэдыкIэм я щIэблэр къра«ш». Кърашами «шы»-р щIыфIащари, и пIэм ишын, къра«шы»н хуейти аращ. Уи бзэм тхыдэр хэлъыжкъэ зэрыщыту?! Мыбы къегупсысыт-тIэ: «Жэмыр къэсшыри, шэм и кIэр, шкIэм къыхущIэзнащ». «УЗЫНШЭ» «Узыншэ» псалъэм дыхэвгъаплъэ. Мы псалъэр лъэхъэнэ жыжьэм къыщожьэ. ЩIэныгъэрылажьэхэм зэраIуатэмкIэ, Уэшхуэ (Теория Большого взрыва) зыфIащар къэуа нэужь, дызытет щIыналъэр, уэгум щытлъагъу дыгъэр, мазэр, вагъуэхэр, Дыгъэм пыщIауэ и нэзым къыщызыуфэрэзыхь куэд къэунэхуауэ, нэкIэ тхуэмылъагъуми, Уахэм итщ. А щIэныгъэр пасэрей адыгэм дэнэ кърихами, а къэхъугъэр къэзыIуатэ фIэщыгъэцIэ и бзэм дауэ къыхыхьами хэт ищIэрэ, ауэ Уэшхуэр зэрыщыIар къыдгуригъаIуэу, зэхыдигъэщIыкIыу диIэщ «Уэ» псалъэр. МахуэкIэ, жэщкIэ уэгум дыдэплъеймэ, уэм плъыфэ гуэр зэригъуэтам папщIэ «уафэ» фIащагъэнущ. Уэм псэ Iуту, и гур къеуэу жаIэри, «уэгу», щIыми и гур къеуэу къыщIэкIынти «щIыгу» хъуащ. Дыпсэущхьэщи, дэри ди гур мауэ, псэ тIутыхукIэ. ЩIыгум дыщыпсэухэр уэгум къытхуикIхэм девгъэплъыт: уэшх, уэс, уэсэпс, уэ, уае, уэлбанэ, уэгъу. А псори къыздикIыр уигъэлъагъуу «уэ» псалъэр хэтыжщ. ЗырыхэтлъагъуэмкIэ, уэр мауэ, нэрылъагъу щыблэри мауэ. Псэущхьэу цIыхуми къоуэ, еукI. Къеламэ, уIэгъэ тохуэ. Игуми йоуэ, гуауэ щохъу. Уэр зэ къыптехуэми, уегъэгыз, гур гыз къудейкъым. Уэр зэ закъуэ фIэкIа темыхуами, пкъыр мэуз. Уэр зытехуар «уз»-мэ, мэплъ, зэщIоплъэ. Фэ щIыIумэ - лъы къож, фэ щIагъмэ - лъыр мэувыIэ, лыр мэуфIыцI. Ауэрэ, уэр зытехуар «уз» мэхъу. Бзэм сыту дахэу хэлъ ар: уэм хуэмызэм «уз» иIэкъым, «узыншэ» мэхъу. Ар уэм, уэгум и зэрызехьэкIэм къыхэкIауэ жытIэнщ. ЩIыгум къыщекIуэкIым дыхэплъэмэ, пасэрейр «уэ»-мэ, зэрыуэр уадэт. ЦIыхур уэмэ, мэзауэ. Дызэзэуащ жаIэ. Зэуэм удын тохуэ. Зэзэуэным «уз» къыхокI. «Уз»-р гурыIуэгъуэмэ, «узыншагъэ»-ри гурыIуэгъуэщ. ЦIыхум зэрызицIыхуж лъандэрэ «щIы»-м, «уэ»-м, «псы»-м (щIыуэпсым) хопсэукI. Узыншэ псалъэр цIыхум куэд щIауэ къыдогъуэгурыкIуэ, сызэреплъымкIэ. Мы псалъэхэм я ныбжь къэхутэныр фэ къыфхузогъанэ! Уэ щымыIэм, уз щыIэкъым. Уз щымыIэм, дыузыншэщ. Тхьэм узыншагъэ къывит!
Поделиться:
Читать также:
03.10.2024 - 10:00 →
Дыгъэм зыбгъазэу Венерэм ублэкIмэ
28.09.2024 - 12:26 →
Дзэ Iуэху хэхам хэтахэм папщIэ
27.09.2024 - 12:55 →
Африкэм уэс къыщесмэ…
27.09.2024 - 12:51 →
Пасэрей къалэжьхэр
26.09.2024 - 17:57 →
Къуэбыдэ и зы щэху
|