ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ

Литературэ 
ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ
Рассказ
1 Iыхьэ
Зэгуэрым, си ныбжьэгъу хъыджэбзыр къыщалъхуа махуэр игъэлъапIэрти, куэд щIауэ къыхуэсщэхуауэ щылъ саугъэтыр згъэщIэращIэри, сыкIуащ я унэм. Бжэр Iузыхар и анэращ:
  - Уа-а-рэ, мыбы къэкIуар… Къеблагъэ, къеблагъэ! КъыщIыхьэ, щхьэ ущыт абдеж, хамэ нэхъей?! – си Iэр иубыдауэ, сыукIытапэурэ, сыщIешэ, Iэгъур – лъэгъур, лъэгъугъуафIэ фыз нэ фIыцIэм.
  - Дауэ фыщыт, Людэ? Оксанэ сехъуэхъунщ, жысIэри сыкъыIухьауэ аращ, зэман куэди сиIэкъым, - фызым Iейуэ сыщыукIытэрти, си напIэхэр ехьэхарэ, плъыжь сыхъужауэ жызоIэ.
  - Мыдэ, мыбы жиIэр! Сыт зэман?! Тхьэ, умыкIуэжыну-тIэ. Ауэ кIуэжи еплъыт! Моуэ, хьэщIэщымкIэ ныщIыхьэ, Оксанэ тыкуэным ехащи, иджыпсту къэкIуэжынущ. Сэ лы тезгъэувам сыкIэлъыплъынщ, уэ нанэ и гъусэу щIэс, фызэрымыгъэзэш! – погуфIыкI Людэ.
  - Хэт жыпIа? – щэхуу сыщIоупщIэ, Iэнкун сыхъуауэ.
  - Си анэр къэтшауэ щыIэщ. УмыукIытэ уэ, ныщIыхьэ. НакIуэ, накIуэ, -
Iэнэ кIыхьышхуэр щаухуа пэшым сыщIешэри, Людэ мэбзэхыж. Фызыжьым, сыкъызэрилъагъуу, къотэджри, IэплIэ къысхуещI, сэлам къызехри, шэнт къегъэув:
  - ТIыс, дахэ цIыкIу.
СщIэнури, жысIэнури сымыщIэжу сыщытщ, апхуэдиз ныбжь зиIэ цIыхум пщIэ къысхуищIу къызэрытэджам щхьэкIэ. Пэжщ, си гуапэ хъуат ар икъукIэ. Мис, ди зэманым кIуэдыж адыгагъэмрэ, хабзэмрэ, мы цIыхубз тIорысэм игуми ипсэми хэлъщ иджыри. Дэ-щэ, щIалэгъуалэр?! Си щхьэ мыгъуагъэ хуэсхьыжауэ сыщытщ.
  - Уэ тIыс, нанэ, умыгузавэ. ТIысыж, кхъыIэ!
  - ХьэщIэр щыту, хэгъэрейр тIыс хабзэкъым, дахэ. ТIыс уэ.
Зы псалъэ къыфIэзмыгъэкIыжыфу, делафэ къыстеуащ, жысIэу сотIысэх. Нанэри мэтIысыж. ТэлайкIэ щэхуу дыщыса нэужь, къарууэ сиIэр зэхызолъхьэри, си напIэр къызоIэт, нанэм и узыншагъэм сыщIэупщIэну. Езыр, адрей фызыжьхэм ещхьу, шэнтжьейм игъэщIауэ истэкъым, атIэ, зыкIи къемыхьэлъэкIыу и щIыбыр захуэу, и щхьэр Iэтарэ, и нэ нащхъуитIыр зыгуэрым теплъызауэ зыфIэсщ. Ар зэрыслъагъуу, си бгыр тIэкIу къыдэшауэ сыщысти, зэуэ захуэу сытIысыжащ, сызэреупщIынури ескъухыжащ. Насып сиIэти, Оксанэ абы ирихьэлIэу къэсыжат, армыхъумэ, пщIэнтIэпсыр къызэкIуарэ, зэрызысщIынымрэ, жысIэнымрэ сымыщIэу сыщысу арат. Пщы гуэрым и щхьэгъусэ къэтIысауэ фIэкIа къысщыхъуртэкъым, апхуэдизкIэ пагэу зиIыгъти нанэм.
  - Сыту фIыуэ укъэкIуа, Iей. Си гуапэ пщIащ, упсэуарэт уэ! – IэплIэ къысхуещI си ныбжьэгъум.
  - Сынохъуэхъу, Оксанэ! – сыгуфIэжу саугъэтыр IэщIызолъхьэри и нэкIубгъум ба хузощI си ныбжьэгъум.
  - Упсэу, тхьэ ухэтын хуэмея мыбыхэми. УкъызэрыкIуа къудейр сыт и уасэ?! Куэд щIауэ дызэрылъэгъуатэкъым. НакIуэ-тIэ, модрей пэшым дыкIуэнщи дыпсэлъэнщ, - си Iэр еубыдри дыкъыщIокIыж хьэщIэщым.
Сэри фызыжьым и пащхьэм «зэрызыщыдгъэхьэлыншам» нэхъри сроукIытэж. Оксанэ къыхуэсхьа данэ жэщ джанэр кърихауэ йоплъ, зрегъапщэ, мэгуфIэ.
  - Упсэу, упсэу, упсэу… - IэплIэ къысхуещI, и гуапэ хъуауэ.
  - Хъунщ, кхъыIэ, иджы. АфIэкIа пхуэфащэкъэ уэ?!
  - ЗывмыгъэIейуэ нанэ уэрэ фыщысти, фызэрыцIыхуакIэ?
  - Хьэуэ. Ихьи, сыту сыщыукIытат, зо. Сыту хабзэшхуэ хэлъ! Зэи слъэгъуакъым апхуэдэ цIыху зэтет. Сыт и цIэр фи нанэ?
  - Сурэтхъан. ЛъэпкъкIэ шапсыгъщ. Абы нэс къикIри, дадэ мыгъуэм къыдэкIуат. «Интеллигент» жыхуаIэм хуэдэщ нанэ, егъэджакIуэу лэжьащ илъэс тхущIкIэ. Дади аращ и лэжьыгъэу щытар, тIуми адыгэбзэмкIэ ирагъаджэт. Нанэ Iэджэуи зикъутэт, дадэ къыдэкIуэн имыдэу, ауэ апхуэдэ щIалэ блэбгъэкI хъурэт?! ЩIалэ дахэу, гуакIуэу щытауэ жаIэ дадэ мыгъуэр. 
  Си жьэр Iурыхуауэ содаIуэ Оксанэ и хъыбар кIэщI цIыкIум. КIэщIми, лъабжьэшхуэ иIэу къысщохъу. НетIэ а фызыжь пагэм и нэхэм щIэслъэгъуат сэ зэш гуэр, и гур зыгъэпIейтей гупсысэ куу. Дауэ пIэрэ Сурэтхъан и блэкIар зэрыщытар, сыту пIэрэ, и гъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ, къэпхутэнур?! А фызыжьыр нэхъ гъунэгъуу зэзгъэцIыхумэ, зы хьэлэмэт гуэр зэриIуэтэжынур сщIэти, етIуанэ махуэми тезгъэзащ Оксанэхэ. ГуфIэжу срагъэблэгъащ. Шей дефэу дыщысу, Сурэтхъан, жьы къабзэ тIэкIу зыщIезгъэхунщ, жиIэри, шордакъым ихьащ. Сэри сыгузэвапэурэ, Людэ соупщI:
  - Людэ, кхъыIэ, емыкIу сыкъыумыщI, ауэ фи нанэ нэхъ гъунэгъуу сцIыхуну сыхуейт. ИкъукIэ хабзэшхуэ зыхэлъ цIыхущ, губзыгъэщ. Сыдэплъеину, сигъэущиину сыхуейт. Къысхуидэмэ, щIэх – щIэхыурэ сыкъэкIуэнут.
  - Алыхь, идэным-тIэ, сыт щIимыдэнур?! Езыри къыпщытхъуащ, псалъэрейкъым, хъыджэбзыфI хуэдэщ, жиIащ. ТхьэмахуитI хуэдизкIэ щыIэнущи, къакIуэ уэ.
  - Сыту фIыт, Iей.
  - Пщэдджыжь жьыуэ къакIуэ. Мамэ сэрэ Псыхуабэ дыкIуэн хуейщ, папэ мэлажьэри, нанэ и закъуэ щIумыгъэсу къакIуэ. Фызэрымыгъэшу фыщIэсынщ. Тэмэмкъэ? – жеIэ, хьэкъущыкъур зытхьэщIу кIэрыт Оксанэ.
  - Тэмэмщ, ауэ япэщIыкIэ езым жефIэ, - зыхузогъазэ Людэ.
  - Иджыпсту, зэ! – Людэ щIокIри, куэд дэмыкIыу къегъэзэж, - пщэдджыжь сыхьэтийм укъэкIуэфыну, тIасэ? ПфIэжьыIуэ?
  - Хьэуэ, жьыкъым. СыкъэкIуэфынущ.
 
ТхьэмахуитIыр и кIэм нэсыху, зы махуэ къэзмыгъанэу сыщыхьэщIащ Оксанэхэ. Сэри , сыкъэвужэгъуа хъунщ, жысIэху, тфIэфI дыдэщ, жаIэурэ си гур фIы къысхуащIырт. Сэри щIэщыгъуэ гуэрхэр яхуэспщэфIыурэ згъатхъэхэт. Абыхэ сызэрыщыIа зэманым хабзэ кIуэдыжа, цIыхум кIэлъызрахьэу щыта нэмыс куэдым щыгъуазэ сищIащ Сурэтхъан, ауэ сэ сызыхуейр къыпкърысхыфыртэкъым. Мыбы и нэгум щIэтымрэ и гум илъымрэ сщIарэт! Пщэдей хуэдэм нанэ къуажэм яшэжыну, мыр къызжеIэ:
  - Ныщхьэбэризэм къанэ, дахэ цIыкIу. Сэ пщэдей сыкIуэжынущ, Тхьэм ещIэ иджы дыщызэрылъагъуныр. Сыносащ, си быным хуэдэу фIыуэ услъэгъуащ уэ цIыкIур. Къанэ. Сэ иджыри бжезмыIэжа гуэр щыIэщ.
  - Сыту фIыуэ къэбгупсыса ар, нанэ! КхъыIэ, къанэ! – мэгуфIэ Оксанэ.
  - СщIэркъым ди дежкIэ ядэнуми…
  - Сэ иджыпсту уи анэм сепсэлъэнщ телефонкIэ. Умыгузавэ уэ, ядэнщ, - Людэ къыщолъэтри телефонымкIэ мажэ.
  - ЕмыкIущ, Iей, уи адэр щIэсынущ, - щэхуу зыхузогъазэ си ныбжьэгъум.
  - Умыгузавэт уэ, ар ныжэбэ лэжьакIуэ кIуэнущ, щIэсынукъым.
Гъуэлъыжыгъуэр къыщысым, Оксанэ пIэр тхуещIыж, нэхулъэфI фыкъикI, жеIэри, щIокIыж. Сэри, «къызжиIэну гуэрым» сежьэу, пIэкум сыкъотIысхьэ. Сурэтхъан и ныбжьым емылъытауэ цIыху жант. И щхьэцыр тхъуами, пIащIэ хъуами, дахэу, егугъупэу еухуэнэхарэ и дамэмкIэ къыдэдзыжауэ щысщ, гъуэлъыпIэ натIэм кIэрыгъэщIауэ. ЩыщIалам дахагъэу бгъэдэлъар и нэхэм щIыболъагъуэ, и зыIыгъыкIэм хэлъщ. 
  - Тхьэ, дахэ, сэ бжесIэнур мы хъыбар кIэщI, уэздыгъэр щIэгъэнауэ дыщысмэ, ди нэхэр игъэузынщ. Абы нэхърэ нэхъыфIщ, мо къэдэгъэжыр къыIупхмэ, шэху уэздыгъэ дэлъщи, ар пыгъанэ, нэху мащIэр нэхъыфIщ.
  ЗэрыжиIам хуэдэу сощIри, пIэкум сотIысхьэж. ТIэкIурэ щыму дыщыса нэужь, Сурэтхъан и хъыбарым щIедзэ.
  - Сэ шапсыгъым сыщалъхуащ, ар пщIэ хъунщ?! Быным сранэхъыщIэт, дэлъхуищ сиIэт. Ди дежкIэ езгъадэри, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэм сыщIэтIысхьащ. Куэдым къайхъулIэртэкъым ари, икъукIэ сригуфIэрт апхуэдэ насып къызэрызэуэлIам.
  Махуэ гуэрым си дэлъху нэхъыжьым щIалэ мыцIыху и гъусэу къыдыхьэжащ. ЩIалэхэм псынщIэу унэмкIэ яунэтIри, мыгувэу си дэлъхур къызэджащ. Псы хуабэ тIэкIу хуейуэ арат, и гъусэ щIалэр зауэщ, абдж къутам щIыбкIэ хэхуэри, хьэлэчу зиуIэжат. ИтIанэми, дунейм теттэкъым зыгуэр къеузу, къехьэлъэкIыу къызэрыпщIэн, апхуэдизкIэ бэшэчт ари. МахуитI хуэдизкIэ щыIащ щIалэр ди деж. И цIэр Темыркъант. Сэ цIыхум сахыхьэрт, цIыху куэди слъагъут, ауэ абы хуэдэ щIалэ гуакIуэ зэи срихьэлIатэкъым. Лъагэу пхужыIэнутэкъым, ауэ фIыуэ зыIэщIэлът, къаруушхуэ зэрыхэлъри наIуэт. Хабзэ, нэмыскIи хъарзынэу гъэсат, адыгэ нэст. Лейуэ зы псалъэ жиIэнутэкъым, къоплъынутэкъым. И набдзэ къурашэ фIыцIэр зэхиуфэрэ зыгуэрым еплъауэ - кIуэцIрисыкIыу къыпфIэщIырт, и Iупэ пIащIэхэр зэтежамэ – нурыр и нэгум къищырт. КъызэрыбгурыIуащи, хьэщыкъ сыхуэхъуат Темыркъан. УIэгъэхэр хъужри ежьэжащ. Мазих дэкIыжат абы лъандэрэ, ауэ щIэх-щIэхыурэ хьэщIапIэ къакIуэрт. Махуэ гуэрым Темыркъан ди хьэщIэу, си дэлъхум зыгуэр къеджэри щIэкIащ. Мис абдеж Темыркъан зиумысащ – гухэлъ къысхуищIауэ, сэ щхьэкIэ апхуэдэу щIэхыурэ къызэрыкIуэр къызжиIащ. Апхуэдизу сызыщIэбэг щIалэм, сэри фIыуэ сыкъилъагъуу къыщIэкIат! Абдеж дызэрыIуатэри, дызэхуэзэу щIэддзащ. Си дэлъхухэми ящIэ хуэдэт, ди Iуэхур зытетыр, ауэ зы псалъэкIэ зыкъызагъэщIакъым. Мы дунейм си нэгу къысхущIэгъэхьэртэкъым, нэгъуэщI щIалэ сыдэкIуэну…
Фырэ Анфисэ.
Поделиться: