КIуащ Аслъэнбэч ягу къагъэкIыжФэеплъ пэкIу Аруан щIыналъэм и полицейхэмрэ ветеранхэмрэ къызэрагъэпэщри, и къалэн игъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъу, полицэм и лейтенант нэхъыжь КIуащ Аслъэнбэч и фэеплъ пэкIу щекIуэкIащ ар щеджа Старэ Шэрэдж къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м. ЕджапIэм и фойем щызэхуэсат Аслъэнбэч и Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, благъэхэр, школакIуэхэр, егъэджакIуэхэр. Абы кърихьэлIат Урысей МВД-м Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм и Жылагъуэ советым и унафэщI Мэрзей Эльмирэ, ОВД-мрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Анимыкъуэ Леонид, къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и инспектор нэхъыжь, полицэм и майорхэу ЛIыжьыкъуэ Азнауррэ Къармэ Натальерэ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
|