Дзэ Iуэху хэхам хэтахэм папщIэ

ФокIадэм и 26-м КъБР-м ЛэжьыгъэмкIэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и центрым «Хэкум и хъумакIуэ­хэр» къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр и гъусэу, иджы япэу ирагъэкIуэкIащ СВО-м хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ лэжьыгъэ IэнатIэ щыхуагъэлъагъуэ жармыкIэ. 

Налшык къалэм дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм къы­щызэрагъэпэща зэхыхьэм республикэм и IуэхущIапIэ 27-рэ къеблэгъат. КъБР-м ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэ­пы­къуныгъэмкIэ и центрым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ къызэрыджиIамкIэ, абыхэм псоми зэхэту IэнатIэ 738-рэ яIэщ цIыху къащтэфыну.
Къызэхуэсахэм захуигъэзащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим. «Нобэрей ди зэхуэсыр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я дежкIэ IэмалыфIщ республикэм и район псоми щылажьэ IуэхущIапIэхэм яIэ IэнатIэхэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ, апхуэдэуи упщIэ яIэмэ, иратыну, я зэфIэ­кIыр, я гум фIэфIыр къалъытэу зы­хуейр къыхахыну хуитщ. Ди гуа­пэщ дэтхэнэми и мурадыр къе­хъулIэну, - къыхигъэщащ Асановым.
«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэ­щIым и къуэдзэ Бейтыгъуэн Заур жиIащ ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ лэжьыгъэкIэ къы­зэгъэпэщыныр къалэн нэхъыщ­хьэу зэрызыхуагъэувыжыр. «ГъащIэм къыпещэ икIи адэкIэ узэ­рыпсэун, узэрылэжьэн хуей Iуэху, дауи, зепхуэн хуейщ. КъБР-м ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и центрым мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэ нобэ къызэрыхилъхьам папщIэ фIыщIэ худощI. Апхуэдэуи республикэм и IуэхущIапIэхэр абы къызэрыпэджэжар ди гуапэщ. Зэгъусэу гугъуехьхэр къызэры­зэднэкIыным иужь дитыпхъэщ», - жиIащ Бейтыгъуэным.
СВО-м хэта, КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социаль­нэ политикэмкIэ, узыншагъэр ­хъумэнымрэ ветеранхэм я Iуэху­хэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Шевчук Герман псалъэ щратым къыхигъэщащ ветеранхэм, лIыхъужьхэм зэрызыщIа­гъакъуэ Iуэхум хэтыну зэригуа­пэр. «Мы зэманым къэралым хуэфащэ гулъытэ яхуещI зи узыншагъэ, зи гъащIэ емыблэжу Хэкур яхъумэну дзэ Iуэху хэхам кIуэуэ фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъыщызыгъэлъагъуэу къэзыгъэзэжахэм. Абы уегъэгушхуэ», - къыхигъэщащ Герман. 
Лэжьыгъэ лъыхъуэу зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм зыщагъэгъуэзащ IуэхущIапIэхэм щызэ­фIах къалэнхэм, я улахуэм, яIэ дэIэпыкъуныгъэхэр зыхуэдэм. Апхуэдэуи къызэхуэсахэм Iэмал яIащ «Демография» лъэпкъ Iуэ­хум хыхьэу, IэщIагъэ гуэр зэрызрагъэгъуэтыжынум теухуауэ щы­Iэ егъэджэныгъэ программэм щIэупщIэну. 
Зэхыхьэм Уэзрэдж къуажэм ­къикIри къэкIуат Тохъутэмыщ Ибрэ­хьим. Ар илъэс и пэ къикIыжащ СВО-м. Абы ипэ щIалэр щIым телэжьыхьу щытащи, фIы­уэ илъагъу, зыхищIыкI а Iуэхум пищэжыну и мурадщ икIи мэкъу­мэш Iуэхум зезыпщытхэм къэралыр зэрадэIэпыкъу щIыкIэм зыщигъэгъуэзэну арат. ЖармыкIэм къэкIуат зи къуэр дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда Гармашовэ Светлани. Прохладнэм щыпсэу цIыхубзыр пенсэм щысщ, ауэ лажьэмэ нэхъ къещтэ. Ар щIэупщIащ Шэджэм абдж щащIу дэт заводым къы­хуигъэлъэгъуэфыну лэжьыгъэм. 
Бейтыгъуэн Заур зэрыжиIэмкIэ, Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтахэр фондым жыджэру йокIуалIэ, лэжьыгъэ лъыхъуэу. «Я IэщIагъэм ехьэлIауи, щIэ гуэрхэр зрагъэщIэжыну хуейуи куэ­дым зыкъытхуагъазэ. Абы и лъэ­ны­къуэкIэ программэ щхьэхуэхэр диIэщи, пщIэншэу егъэджэныгъэр къахузыдогъэпэщ», - ды­щIегъу абы.
Мыпхуэдэ жармыкIэхэр дяпэ­кIи ирагъэкIуэкIыну я мурадщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:

Читать также: