ИпотекэкIэ псэупIэхэр куэду къащэху«ДОМ.РФ» банкым и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм ипотекэкIэ къэралым къыщащэхуа псэупIэхэм я куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр иIыгъщ. Ар къызыхэкIар ипотекэ кредитым щIэупщIэшхуэ республикэм зэрыщиIэрщ. Абы къыхэкIыуи, псэупIэу унэщIэхэм щащэхэм я куэдагъым зэрыхэхъуэм къыдэкIуэу, цIыхухэм дежкIи нэхъ къэщэхугъуафIэ ахэр мэхъу. Апхуэдэ щытыкIэм щхьэсыгъуэ хуэхъуу къэпщытакIуэхэм къалъытэр щэхуакIуэхэр къызэрыдахьэхын IэмалыфIхэр ухуакIуэхэм зэраIэмрэ щIыпIэ властым абыхэм ирагъэгъуэт дэIэпыкъуныгъэхэмрэщ. Абы иджыри хохьэ щIыпIэ инфраструктурэм зэрызрагъэужьри. Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ипотекэкIэ нэхъыбэу къыщащэху псэупIэхэр ику иту метр зэбгъузэнатIэ 70 хъухэрщ. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм щыщу процент 39-м я мурадщ 2024 гъэм ипотекэм хыхьэну. КИФЩI-м и цIыхухэм щыщу щIым тет унэ е «танхаус» жыхуаIэ ухуэныгъэр къэзыщэхунухэр процент 37-рэ мэхъу, фэтэрыжьхэм щIэупщIэхэр - процент 35-рэ, къат куэду зэтет унэхэм хэт фэтэрхэм дихьэххэр - процент 31-рэ.
Поделиться:
Читать также:
05.11.2024 - 14:00 →
Псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъхэм пэрохьэ
04.11.2024 - 10:11 →
ЗэгурыIуэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым
03.11.2024 - 12:39 →
ЦIыху къабзэу дунейм тета
31.10.2024 - 15:43 →
Фэшх-лышхымрэ дэрэ
30.10.2024 - 16:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лэжьыгъэр къалъытэ
|