ЯхузэфIэкIар къапщытэж

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм. Илъэсым яхузэфIэкIар къыщапщытэжа зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат. 

Лъэпкъ, къэрал проектхэр зэрагъэзэщIа щIыкIэр къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэхэр щызэпалъытащ зэхуэсым. 
«Гугъуехь куэдым дызэрыхэтам щхьэкIэ къэмынэу, 2024 гъэр хъарзынэу доух. «ПсэупIэхэмрэ къалэ гъащIэмрэ», «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектхэм лъагапIэфIхэм дыщынэсащ. ПсэупIэу метр зэб­гъузэнатIэ мелуани 105-м щIигъу мы гъэм къриубыдэу зэрытхуэутIыпщынур наIуэ хъуакIэщ. Унагъуэ мелуани 4,2-м я псэупIэхэр нэхъыфIкIэ яхъуэжащ», - жиIащ Хуснуллин Марат. 
Вице-премьерым къыдыщIигъуащ илъэсым и кIэм ирихьэлIэу километр мин 24-м нэс гъуэгухэр зэIузэпэщ зэращIынур, метр зэбгъузэнатIэ мелуани 139-м асфальт зэрытралъхьэнур. Къэбэрдей-Балъкъэрыр щытыкIэ нэхъыфIым ит щIыналъэхэм хабжэ. 
«Иджыпсту лажьэ проект, программэ псоми дыхэтщ, ди республикэм щхьэхуэу щытхузэфIэхыну проектыщIэхэри къыхэтлъхьащ. Псом хуэмыдэу фIыщIэшхуэ хузощI УФ-м и Правительствэм. ИлъэсыщIэ дызытехьэми ди Президент Путин Владимир къыхилъхьа лъэпкъ проектыщIэхэм дыщызэдэлэжьэнущ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэр зэрекIуэкIам щытепсэлъыхьыжым. 
«Иджырей школ» къэрал проектым ипкъ иткIэ школи 10-м щекIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэс: Шэджэм, Нарткъалэ, Тэрч къалэхэм дэтхэм, Александровскэ, Красносельскэ, Прималкинскэ, Терскол къуажэхэм, Налшык дэт школищ. «Спортыр гъащIэм и мардэщ» къэрал проектымкIэ Мыл уардэунэр и кIэм нагъэс. «Узыншагъэм зыщIэзыгъакъуэ инфраструктурэ» къэрал проектымкIэ Налшык дэт япэ поликлиникэр зэIузэпэщ ящIын яух. ЦIыхухэр япэу зэкIуалIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэным елэжь программэмкIэ Звезднэм амбулаторэ дащIыхь, къыкIэлъыкIуэр Кэнжэ щащI. 
«Щэнхабзэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Творческэ щIалэгъуалэм папщIэ уардэунэ яухуэ. «КИФЩI-м зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Азаурэ Iуащхьэмахуэрэ я зэхуакум псы ижыпIэхэр щызэрагъэпэщыж, Тырныауз псыр зэрагъэкъабзэ Iэмэпсымэхэр щагъэув. Къуажэхэм зегъэужьыным хуэунэтIа къэрал программэмкIэ Щхьэлыкъуэ спорткомплекс щаухуащ, апхуэдэ дыдэ Псыхъурей дащIыхьынущ. Къалэм ущыпсэуныр нэхъ гурыхь щIыным хуэунэтIа проектымкIэ цIыху зэхэзекIуапIэу 31-рэ, унэхэм къедзылIа пщIантIэу 31-рэ зыхуей хуагъэзащ. Лъэпкъ, къэрал проектхэм япкъ иткIэ километри 152-м нэс гъуэгушхуэхэр зэрагъэпэщыжащ. ЦIыхубэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэу пщIы бжыгъэм щIигъу зыхуей хуагъазэ. 

Поделиться: