НэхъыжьыфI![]() «Адыгэ псалъэ» газетым ди щIэджыкIакIуэ къуажэдэсхэр псом нэхъ темыпыIэу газетым пэплъэу къысщохъу. ПщIэ лейрэ гулъытэрэ яхуэфащэщ ди щIэджыкIакIуэ нэхъыжьыфIхэм. Абыхэм я фIыгъэкIэ адыгэ газетыр я унэм илъыныр унагъуэ куэдым хабзэ яхуохъу. Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэсщ ди щIэджыкIакIуэ пэж, нэхъыжьыфI Сонэ – Лыхь СэIимэт. Ар «Адыгэ псалъэм» поплъэ, щIеджыкI, ехъумэ, и унагъуэм исхэри кърегъаджэ, топсэлъыхь. Дэтхэнэ къыдэкIыгъуэм сыт хуэдэ тхыгъэфI тетами и гум иреубыдэ. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ – СэIимэт зэрыцIыкIурэ тхылъыр и Iэпэгъущ, щIэныгъэм и гъуэгум тетщ, щIэблэ гъэсэныгъэми гулъытэ хуещI. Сонэ – Лыхь СэIимэт 1941 гъэм Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ. Тхылъыр фIыуэ щалъагъут унагъуэм. Япэу щIэныгъэм и лъагъуэр пхызышар СэIимэт и дэлъху нэхъыжьырщ - Лыхь ХьэтIохъущыкъуэ къуажэм щыщу щIэныгъэ нэхъыщхьэ япэ дыдэу зэзыгъэгъуэта егъэджакIуэт. Адыгэм къыхэкIауэ япэ дыдэу школ унафэщI Къармэхьэблэ щыхъуари ХьэтIохъущыкъуэщ. ГъащIэ мащIэт, ауэ щIэныгъэкIэ гъэнщIат къигъэщIа илъэсхэр. Куэд еджат, и псалъэм пщIэ иIэт, щIэм щапхъэ яхуэхъурт. Къуажэм щыщ Хьэгъундыкъуей жылэм и уэрамхэм ящыщ зым Лыхь ХьэтIохъущыкъуэ и цIэр фIащыжащ. СэIимэт курыт школым къыщIэкIа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым урысыбзэмкIэ къудамэр къыщиухащ. Университет нэужьым игъэзэжащ и дэлъхур унафэщIу здэщыIа школым. Къуажэм школ етIуанэр щаухуа нэужь, абы урысыбзэмрэ литературэмкIэ щригъаджащ пенсэм кIуэху. Илъэс 42 -кIэ егъэджакIуэ IэнатIэм гурэ псэкIэ пэрытащ. Бзылъхугъэм жеIэ и дэлъхур егъэджэныгъэм щапхъэ щыхуэхъуауэ, абы и лъагъуэм фIэфIу ирикIуауэ. «ХьэтIохъущыкъуэ фIыуэ илъагъурт Пушкиным, Лермонтовым, Есениным я усэхэр, гукIэ къеджэрт сыт щыгъуи. Дерс езгъэкIуэкIыу сабийхэм сащыхэтым деж, сэри абы и Iэмалхэр, и псэлъэкIэхэр зэрымыщIэкIэ зыхэслъхьауэ къысщохъу», - жиIэрт СэIимэт. Иригъаджэ цIыкIухэм урысыбзэр къагурыIуэртэкъым щIагъуэу. ЕгъэджакIуэ набдзэгубдзаплъэм урысыбзэкIэ тха программэр анэдэлъхубзэм къригъэзагъэрти, и гъэсэнхэм ягуригъаIуэрт, аргуэру урысыбзэкIи яхузэпкърихыжырт. Сабийхэр дахьэхырт абы и дерсхэм. Иригъаджэрт, игъэгушхуэрт икIи ядэгушыIэрт. И дэлъхум и хьэлу, СэIимэти фIэфIт иригъаджэхэм езыр усэ къахуеджэну. Партэ зэхуакухэм ирикIуэурэ усэ къыздеджэм, цIыкIухэм я щхьэм Iэ дилъэрт. СэIимэт и нэIэ щIэтт школым и хорыр. Махуэшхуэхэм деж абы концертхэр игъэхьэзырырт сабий зэчиифIэхэр хэту. Куэдрэ зыкъыщагъэлъагъуэрт къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. Абы папщIэ республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм ар мызэ-мытIэуи игъэлъэпIащ. Иригъэджахэм пщIэ къыхуащI, и цIэр фIыкIэ ираIуэ, щапхъэ зэрахуэхъуари жаIэж. «Зэгуэрым си анэшхуэм и сурэт альбом тIорысэр къызэIусхат. «ФIыуэ слъагъу си сабийхэр» жиIэу кIэщIэтт абы япэ дыдэу дэлъ сурэтым, езым щIигъэкIа классхэм ящыщ зым зытрагъэхам. Альбомым дэлъ сурэтхэр къыдэсхырти, я щIыбагъымкIэ сыкъыщеджэрт: «фIыуэ тлъагъу ди егъэджакIуэ», «ди етIуанэ анэ», «ди класс унафэщI дыщэ» псалъэхэм», - жеIэ СэIимэт и къуэрылъху Элинэ, гушхуэу. Сабийм я псэм дыхьэфынур егъэджакIуэ нэсырщ. СэIимэт абыхэм яритащ и гу хуабагъи, гуапагъи, лъагъуныгъи. ЗыхищIэрт ахэр зыщыгуфIэкIхэри, я гум щыщIэхэри, зыгъэпIейтейри. Иригъаджэ къудей мыхъуу, игъасэрт - гъащIэм хуигъэхьэзырырт. Иущийрт икIи къащхьэщыжырт. Егъэджэныгъэм хэтыху СэIимэт тетащ гуапагъэм и хабзэм: «Уи IэщIагъэр фIыуэ плъагъумэ, уэри уи IэщIагъэри фIыуэ ялъэгъунущ еджакIуэхэм!» - жиIэрт. Сонэ СэIимэт иIэщ «ГуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ» медалыр. Бзылъхугъэ гуащIафIэм къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ ята медалыр. Сонэ СэIимэт «жьыщхьэ махуэ хъуащ» зыхужаIэм хуэдэщ. ЩIалэрэ хъыджэбзрэ иIэщ. Светэ Ставрополь къыщиухащ ерыскъыпхъэхэмкIэ институт. Славэ Белгородскэ университетым ветеринарием щыхуеджащ. Къуэрылъхуу щы, пхъурылъхуу щы иIэщ, къуэрылъху-пхъурылъху бынхэри къепщIэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 15:00 →
Шэриймрэ Жыласэмрэ я медалхэр
18.02.2025 - 15:00 →
Процент 21-м щIигъукIэ нэхъыбэ
16.02.2025 - 12:06 →
Адэ шыпхъум сригъэхъуапсэри…
15.02.2025 - 10:26 →
Жылагъуэ советым и къалэныщIэхэр
14.02.2025 - 16:32 →
Сом меларди 9-м щIигъу
|