IэщIагъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт цIыхур къыбощIэ IэнатIэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэхэмкIэ, абы хилъхьэ щIэщыгъуэмрэ гуащIэдэкIымкIэ. ГуфIэр зи нэгу илъ цIыхухэм яIэ щытыкIэм къигъэщIа гупсысэхэрат щхьэм щызэблэкIыр, Налшык къалэм дэт, Науржан Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ гимназие №1-м иджыблагъэ щызэхэта ГъэфIэж пшыхьыр зращIэкIхэмрэ къекIуэлIахэми уащыхэплъэкIэ. Зи лэжьэкIэм щIэныпхъэ гъэщIэгъуэнхэр хэзылъхьэ, зи дерсыр цIыкIухэм гуимыхуж ящызыщI, зи щIэныгъэр Iуэхум лъэужьыфIэу хэзыухуанэ егъэджакIуэхэм я зэпеуэр и кIэм нэсат. МазитIым нэблагъэкIэ щыхьэрым щекIуэкIащ «Налшык къалэм и егъэджакIуэ нэхъыфI-2025» зэхьэзэхуэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, психологхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэу.
Пшыхьыр къызэIуахын ипэ къихуэу, абы къекIуэлIахэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ Налшык къалэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Мэлбахъуэ Алимрэ Налшык къалэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Уэлджыр Татьянэрэ.
«Ди лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр къэралым къыхуищI гулъытэм къыхощ. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу IэнатIэм пэрытхэм я лэжьэкIэм хэлъ фIагъхэр нэхъыбэм зэлъащIысын папщIэ, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ядрегъэкIуэкI, гуащIэдэкI ехьэжьакIэ зыщыгугъхэм заужьын щхьэкIи, программэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ къахелъхьэ. ДыщIызэхуэсахэм я зэфIэкIхэр къэралри жылагъуэри зыщыгугъ фIыгъуэхэм ещхьщ. Аращ абыхэм егъэджакIуэ нэскIэ уеджэ, къыдэкIуэтей щIэблэр абыхэм я IэмыщIэ иплъхьэ щIэхъунур. Утыкушхуэм къихьа IэщIагъэрылажьэхэм фIыщIэ яхузощI я лэжьыгъэм и зы ныбз дытеплъэну, Iуэхум халъхьэ гумрэ псэмрэ я хуабэр зыхэтщIэну Iэмал къызэрыдатам папщIэ. Егъэлеяуэ лэжьыгъэшхуэ къефхьэлIащ, гугъу фызэрехьар дощIэ, фызэрыгузэвар ди нэгу щIэкIащ, ауэ, е мыхъу фIы хъужыркъым, жыхуаIэм ещхьу, хъарзынэу фи къалэнхэм фапэлъэщащ, фыщIэгушхуэ хъун зэпеуи къызэвнэкIащ. Сынывохъуэхъу, фи IэщIагъэм и хъер флъагъуну си гуапэщ», – жиIащ Мэлбахъуэ Алим.
«Дызыпэрыт IэнатIэр апхуэдизкIэ лъэпкъым и къэкIуэным епхащи, си фIэщ хъуркъым мы зэпеуэм хуэдэхэр щекIуэкIкIэ, абыхэм фIым я фIыжхэр къыхагъэщрэ мыпхуэдэ ГъэфIэж пшыхьхэр щыхузэхашэкIэ, абыкIэ гумэщIыгъуэ зиIэхэм гукъыдэж яримыгъуэту, я гугъапIэ-хъуэпсапIэхэр къызэщIэримыгъэуэжу. Дауи умыгуфIэнрэ?! И гъащIэм щыщу илъэс пщIы бжыгъэхэр IэнатIэм езытахэр тIысыжа щхьэкIэ, абы къыхуемыплъэкIыжу щыткъым. Щогугъ нэхъри зиужьыну, нэхъри ефIэкIуэну, езыхэм яхузэфIэкIахэм нэхърэ нэхъыфIыжкIэ утыкур ягъэбжьыфIэну. Ноби аращ. Ди зэгухьэныгъэм хэтхэр дэр-дэру дызэпсэлъэжырти, егъэджакIуэ нэхъыфI къызэрыхахынум, цIыхущIэ и цIэ къызэрыраIуэнум, щIэныпхъэ хьэлэмэтым и гугъу зэрызэхэтхынум къызэщIимыIэтэ къыхэкIакъым. НыбжьыщIэм и Iуэхур фIыщ. Ар жанщ, хэлъэт зиIэщ, Iуэхум гупсысэкIэщIэ хэзылъхьэщ. Апхуэдэхэм IэнатIэр ягъэщIэращIэри, мы махуэр фи лэжьыгъэм зэригъэщIэрэщIам хуэдэу адэкIи дахагъэр къэвгъэщIу фылэжьэну ди гуапэщ», – жиIащ Уэлджыр Татьянэ.
Щыхьэрым щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм цIыху 35-рэ хуэдиз хэтащ. Къыхэгъэщын хуейщ зэпеуэр къызэрымыкIуэу гъэнщIауэ зэрыщытар. Абы хэтащ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэ-щытыкIэр наIуэ къэзыщI теплъэгъуэр, дерс нэхъыщхьэр, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ я зэпсэлъэныгъэр, щIэныпхъэ лъэщапIэр, егъэджакIуэ ныбжьыщIэм и гуращэ-хъуэпсапIэхэр къызытещ къэпсэлъэныгъэр, къэпщытакIуэхэм я упщIэхэмрэ зэпеуэм хэтхэм я жэуапхэмрэ. КъэпщытакIуэ гупым хэтахэм къызэрыхагъэщамкIэ, дэтхэнэми екIуу зигъэлъэгъуащ, и псэлъэкIэкIэ, и зыIыгъыкIэкIэ, и утыку итыкIэкIэ гукъинэж абыхэм закъыщищIыфащ.
Зэпеуэм зи лэжьыгъэ щызыгъэлъэгъуа псоми абы зэрыхэтамкIэ щыхьэт тхылъхэр иратыжащ. Апхуэдэу увыпIэ хэха къэзымыхьыфахэм «Зыуэ щыт Урысейм» и щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр, тыгъэ лъапIэхэр, ахъшэ саугъэтхэр иратащ. ТекIуэныгъэр зыхуагъэфэщамрэ увыпIэ щхьэхуэхэр къэзыхьахэмрэ Налшык къалэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу ахъшэ тыгъэ хуагъэфэщащ.
«Налшык къалэм и егъэджакIуэ нэхъыфI-2025» зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ:
«Анэдэлъхубзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэр хуагъэфэщащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Мэремкъул Маринэ (Налшык къалэм егъэджэныгъэмкIэ и «ЕхъулIэныгъэ» центр);
«Тхыдэмрэ жылагъуэ щIэныгъэмкIэ еджапIэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэр иратащ тхыдэмкIэ егъэджакIуэ Къущхьэ Оксанэ (Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №21);
«ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэ нэхъыфI» цIэр хуагъэфэщащ физикэмкIэ егъэджакIуэ Жамбэч Азэмэт (Налшык къалэм дэт, Къудащ Елбэздыкъуэ и цIэр зезыхьэ гимназие №14);
«ЕгъэджакIуэ-психолог нэхъыфI» цIэр ихьащ психолог Тэнащ Анжелэ (Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №29);
«ЩIэныгъэ гуэдзэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» унэтIыныгъэм къыхэщащ Забаковэ Танзиля (Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я зэчийм зыщрагъэужь къалэ центр);
«ЕгъэджакIуэ-унэтIакIуэ нэхъыфI» цIэр хуагъэфэщащ унафэщIым щIэныгъэмрэ щIэныпхъэмкIэ и къуэдзэ Пышная Еленэ (Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №33).
Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз къыбгъэдэкIыу тыгъэ лъапIэхэр иратащ, текIуэныгъэр къызэрыIэрыхьар къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэри пщIэхалъхьащ.
Зи зэфIэкIыр зыгъэлъэгъуахэм ди гуапэу дохъуэхъу, дяпэкIи я IэщIагъэм хэлъ щIэщыгъуэхэр наIуэ къэзыщIын, сабийхэм халъхьэ есэныгъэхэр лъагэу зыIэтын къару къакъуэкIынуи ди гуапэщ.