Дирижёр цIэрыIуэр ди хьэщIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык щы­хуэзащ урысей дирижер цIэрыIуэ, Мари­инскэ театрым и унафэщI-директор, Театр Иным и генеральнэ унафэщI, УФ-м и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэм и Президентым деж Щэн­хабзэмрэ гъуазджэмкIэ щыIэ советым хэт Гергиев Валерий. 

Мариинскэ театрымрэ Театр Инымрэ я ор­кестр зэгуэтым, Гергиевыр зи унафэщIым, мы махуэхэм Воронеж къыщызэIуихащ XXIV Москва Пасхэ фестивалыр. 
Гергиев Валерий дыгъуасэ Налшык къэкIуащ ди хэкуэгъу дирижер цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ и фэ­еплъыр игъэпэжу. 
«Дэ дытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэм зэрызыщиужьым, Темыркъаныр дигу къэдгъэкIыжащ, абы и фэеплъым теухуа пшыхь гуэр зэгъусэу зэхэтшэным иIэ Iэмалхэр зэпкърытхащ. Абы къищынэмыщIауэ, ЩIалэгъуалэ зэ­чиифIэхэм я уардэунэр едгъэлъэгъуащ, абы и ухуэ­ныгъэр икIэм нагъэс. 
Сигуми, си псэми къыбгъэдэкIыу фIыщIэ хузощI Валерий апхуэдэ гулъытэ ди къуэшым и фэеп­-лъым зэрыхуищIым папщIэ. Езыми, ар зи уна­-фэщI Мариинскэ театрми, Театр Инми ехъулIэ­ныгъэхэр яIэну сехъуэхъуащ, ахэр Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхуэзышэщ, зэрызыгъэубыдщ», - щетх КIуэкIуэ ­Казбек и телеграм-каналым. 

Поделиться:

Читать также: