Я гуапагъэр зыхрагъащIэ
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, «Хэкум и хъумакIуэхэр» IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм зэIущIэ гуапэ щызэхэтащ. Ар траухуащ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда лIыхъужьхэм я бынхэмрэ унагъуэхэмрэ гъэгушхуэным. Зэхыхьэм кърагъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми щыщхэр. «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым и унафэщI Дадэ МуIэед къызэрыджиIамкIэ, зэхы- хьэр иджы етIуанэу къызэрагъэпэщ, лIыхъужьхэм я бынхэр зэхуашэсурэ ягъэджэгуу, къагъафэу, IэфIыкIэхэмрэ саугъэтхэмкIэ я гур къызэщIаIэтэу. «Мэкъуауэгъуэм и 1-м псоми ягъэлъэпIэнущ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр. Дэри абы теухуауэ Iуэху гуапэ гуэр тщIэну дыхуейуэ нобэрей зэхуэсыр къызэдгъэпэщащ. ЗыкъытщIэзыгъэкъуа псоми фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт, псом хуэмыдэу мы Iуэхур къыхэзылъхьа, Сабийм и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Бэдракъ Iэминэ, - жиIащ Дадэ МуIэед. - Илъэс етIуанэ хъуауэ, зэгъусэу зэхудошэс лIыгъэ зезыхьэу дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я щIэблэр. Махуэр гукъинэжу, щIэщыгъуэу сабийхэм къазэрыхузэдгъэпэщыным дыхущIокъу: сурэтхэр ящI, таурыхъхэм хэт «лIыхъужьхэр» къахудогъэблагъэри, абыхэм ягъэджэгу. Мыр ауэ зэхыхьэ къудейкъым. ЩIэблэр хэкупсэу, къыщалъхуа я щIыналъэм хуэпэжу къэгъэхъуным ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Дэтхэнэми яжетIэну дыхуейщ зэрамызакъуэр, я Iуэхур зэрадэтIыгъынур, щIэгъэкъуэн сыт щыгъуи дазэрыхуэхъунур. Зи къалэныр лIыгъэ хэлъу зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуэтщIыныр ди хьэкъщ. Ди хъуэпсапIэщ абыкIэ щыIэ ди щIалэхэр узыншэу къэкIуэжыну».
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||




