Iуэхур нэхъ тынш мэхъу![]() Дызэрыт илъэсым фокIадэм и 23-м щегъэжьауэ УФ-м и щIыналъэ зыбжанэм, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту, программэщIэ къыщыхалъхьащ ипотекэкIэ псэупIэхэр щIыным теухуауэ. Программэр ягъэзэщIэнущ эскроу-счетыр къагъэсэбэпу е нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, псэупIэ зыухуэну е къэзыщэхуну цIыхум банкым счет щхьэхуэ къыщызэIуиха нэужь, ахъшэр абы егъакIуэ. Мыдрейуэ, ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIыну IуэхущIапIэм зэгурыIуэныгъэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхуу хъуар и кIэм нимыгъэсауэ, унэр зыхуей хуэмызауэ, банкым ахъшэр абы иритынукъым, ныкъусаныгъэхэр щыIэ хъумэ, ахэри имыгъэзэкIуэжауэ. Япэм ипотекэкIэ псэупIэ къэпщэхуным гугъуехь куэд пыщIауэ щытащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, банкым ахъшэ къеIыпхын папщIэ, ухуэныгъэр зытетыну щIыр е езы унэ къебгъэжьар абы сакъылэту къыхуэбгъэнэн хуейт. Банкым и аккредитацэ имыIэу япэ къэс ухуакIуэри лэжьыгъэм пэрыувэфу щытакъым. Апхуэдэ лъэпощхьэпо куэдым Iууэрт цIыхухэр, сыту жыпIэмэ, банкым шэсыпIэу къыхуагъэнэн щIы яIэтэкъым нэхъыбэм. Иджы Iуэхур нэхъ тынш хъуауэ жаIэ хэзыщIыкIхэм: щIым и пIэкIэ банкым фэтэр къыхуэбгъанэ хъунущ, ухуэныгъэ езыгъэкIуэкIыну IуэхущIапIэри аккредитацэншэу лажьэми ядэнущ.
Поделиться:
Читать также:
16.11.2025 - 12:05 →
Къэбым зэхуишэсахэр
16.11.2025 - 11:03 →
ТекIуэныгъэм и паркыр
14.11.2025 - 12:24 →
КъБР-м щыхъыбархэр
14.11.2025 - 12:17 →
И фIагъым щыхьэт техъуэу
14.11.2025 - 12:11 →
ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр
| ||




