ЗыгъэпсэхупIэ зэпэщхэр![]() «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я тыншыпIэр къызэгъэпэщын» къэрал программэм и фIыгъэкIэ КъБР-м и Лэскэн щIыналъэм и Анзорей, Аргудан къуажэхэм цIыхухэр куэду щызэхэс я щIыпIэхэр дызэрыт илъэсым къриубыдэу зэIузэпэщ ящIын къалэнхэр зэхуагъэувыжати, нобэ абыхэм йоужьэрэкI. Анзорей къуажэ администрацэм къедза щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ – жыг хадэ цIыкIу щагъэтIысащ, лъэс лъагъуэхэр иIэу. Аргудан къуажэм цIыхухэр куэду щызэхуэс хъу зыгъэпсэхупIэщIэ мы махуэхэм жыджэру щаухуэ. Абы хэтщ спорт утыку Iэхуитлъэхуитхэр, сабий джэгупIэхэр, турникхэмрэ нэгъуэщI Iэмэпсымэхэмрэ. Къуажэм и «Бедик» стадионым пэгъунэгъуу щаухуэ а щIыпIэм метр зэбгъузэнатIэ мини 8,5-рэ ирагъэубыдащ икIи ар зэIузэпэщ ящIа нэужь, сабийхэми, щIалэгъуалэми, нэхъыжьыфIхэми зыщагъэпсэхуфынущ щхьэж зэрыфIэфIым хуэдэу, абы щхьэкIи, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщауэ ар щытынущ. Лэжьыгъэхэр щекIуэкI щIыпIэм лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр иралъхьащ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжащ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу, IэрыщI «алэрыбгъу» щабэхэр спорт утыкухэм ираубгъуащ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэуващ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ. Сабий джэгупIэр обрудованэхэмрэ IэмэпсымэхэмкIэ иджыпсту къызэрагъэпэщ. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу Аргудан и къуажэдэсхэм зыгъэпсэхупIэ зэпэщ яIэ хъунущ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





