Сом мелард ныкъуэм нэблагъэ![]() «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным сом мелуан 500-м нэблагъэ щыхухахынущ. Дызэрыт илъэсым а Iуэхугъуэхэм трагъэкIуэдам нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэщ ар, щыжиIащ КъБР-м ЩIыналъэм и Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ и центрым и эфир занщIэм, КъБР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Журавлев Андрей. «ЦIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу 35-рэ зыхуей хуэдгъэзэнущ етIанэгъэ. Къыхэзгъэщынут, 2026 гъэм ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм ехьэлIауэ щыIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр екIуу къызэрыщыгъэлъэгъуар. Абы хохьэ Май районыр, Налшык, Шэджэм къалэхэр. Сом мелард ныкъуэм нэблагъэ хухахынущ цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным», - жиIащ Журавлевым. Дызэрыт илъэсым а Iуэхугъуэхэм хуаутIыпщащ сом мелуан 260-м нэблагъэ. Апхуэдэуи министрым къыхигъэщащ 2019 - 2024 гъэхэм республикэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэрэ унэ бжэIупэу 800 зыхуей зэрыщыхуагъэзар. 2025 гъэм апхуэдэ лэжьыгъэхэр щIыпIэ 39-м щрагъэкIуэкI. Абы хохьэ къалэхэри, районхэм я центрхэри, къуажэ пхыдзахэри.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





