Ныпыр напэщ«Адыгэбзэм «бэракъ» жаIэу щызэрахьэ псалъэр зэрымыадыгэбзэр наIуэщ. Абы ипIэкIэ адыгэ псоми ди зэхуэдэу зетхьэр икIи зетхьэн хуейр «нып» псалъэр аращ», - псалъэхэмкIэ кърегъажьэ, адыгэ ныпым теухуауэ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Хъуажь Фахъри и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэшхуэр. Къэхутэныгъэшхуэ езыгъэкIуэкIа, гупсысэ щхьэпэхэмкIэ гъэнща а тхыгъэр гъэкIэщIауэ фи пащхьэ идолъхьэ. Адыгэбзэм «ны» жиIэмэ, «анэ» жиIэу аращи, «нып» псалъэм гум къигъэкIыр анэрщ, хэкурщ, ахэр псом нэхърэ зэрынэхъапэрщ, зэрынэхъ лъапІэрщ. Лъэпкъым и бын псоми ныпым ар дигу къигъэкIыу щытмэ, лъэпкъымрэ хэкумрэ зэрыгъэгъуэтыжынымкIи лъэпкъыр зэфIэгъэувэжынымкIи абы гугъэ-гупсысэ къару лъэщ къызэрытхилъхьэнум шэч хэлъкъым. Ныпыр, нобэ зэрыгурыIуэгъуэщи, щэкIым къыхэщIыкIа къэрал фэеплъу аращ. Ныпыр къэралым и паспорт пэлъытэщ, ущеплъкIэ - зей къэралыр, лъэпкъыр, щIыналъэр кърипцIыхуу. Къэрал псом и закъуэ мыхъуу, лъэпкъхэми нып зиІэ яхэтщ. Псалъэм папщIэ, адыгэ ныпыр, къэрал, щIыналъэ мыхъуу, лъэпкъ ныпщ. Арами, ар къэрал ныпу къежьауэ жыпIэ хъунущ. Нобэрей адыгэ ныпыр япэ дыдэу къыщащта лъэхъэнэм АдыгейкIэ (ЧеркесиекIэ) зэджэу щыта щIыналъэр зы къэралу яухуэн я гугъэу, щIыпIэ 12-у ягуэшат. КъинэмыщIауэ, адыгэ ныпыр Адыгэ Республикэм и къэрал ныпщи, абы къыхэкIкIи ди лъэпкъ ныпыр къэрал ныпщ. Хэту пIэрэ ныпыр япэ дыдэ къэзыгупсысар жыпIэмэ, жыжьэу узэIэбэкIыжын хуей мэхъу. Пасэрей китайхэм, мысырхэм, ащырхэм, къэжэрхэм, индусхэм нып яIащ. Япэ дыдэу ныпыр къыхэзылъхьар китайхэрауэ жауэ. Сыту жыпIэмэ, ахэр зэщхьэркъабзэти, дзэлI фащэ щатIэгъэжамэ, езыхэри хэзэрыхьыжу зэрыгъэгъуащэрт. Псом хуэмыдэу, зэуапIэм щыIутым деж, езыр зыхэт дзэ гупыр къыхуэцIыхужыртэкъым. Ауэ щыхъум, дзэлIхэр зыщыщ гупыр тыншу къагъуэтыжын папщIэ, зэмыфэгъуу, зэхуэмыдэу щэкI кIапэ гуэрхэр зыпыщIа бжэгъухэр зэрахьэн хуей хъури, нып зехьэныр абы къыщежьауэ хуагъэфащэ. Адыгэр дуней псом тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. АдыгэцIэр щыдимыIа лъэхъэнэ жыжьэхэм уриплъэжу щытмэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 7000-6000 гъэхэм ди адэжьхэр щIыпIэрыс хъуауэ, хьэ, шы, вы хуэдэ псэущхьэхэр ягъэIэсэу, Iэщ-былым зэрахуэу, щIым елэжьу щытауэ тхыдэм къыхощыж. Апхуэдэу щыщыткIэ, дэри нып папщIэу зыгуэр зетхьагъэнщ, щIыпIэм зыгуэр зэрыщыпсэур адрейхэм къаригъащIэу. МыдэкIэ дыкъэIэбэнщи, жэз лъэхъэнэм и щэнхабзэр къэзыгъэщIа хьэтхэми нып яIэт. Абыхэм зэуапIэми нып щызэрахьэу, икIи а ныпыр сытым щыгъуи лъагэу Iэтауэ я хабзэт. Армырамэ, къытекIуауэ, къыхагъэщIауэ къикIырт. Иджырей ди лъэпкъ ныпри абыхэм зэрахьэу щыта, дыгъэ теплъэ зиIэ ныпым къытращIыкIагъэнкIэ хъуну хуэзыгъэфащэхэри щыIэщ, икIи, фIыуэ зэбгъапщэмэ, ар уи фIэщ щІэмыхъун щыІэкъым. Иджырей адыгэ лъэпкъ ныпым тет вагъуэ 12-рэ шабзэшищ зэблэдзамрэ пасэрей адыгэ къэралыгъуэу Щынд пащтыхьыгъуэм къыдигъэкIа дыжьын ахъшэм и щІыбагъым зэрытетри гъэщIэгъуэнкъэ!? Илъэс минитIрэ щихрэ нэблагъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, иджырей хы ФIыцIэ Iуфэм – Iэнапэ, ПцIэмэз, Щачэ (Сочи) Iэшэлъашэхэм - зыужьыныгъэшхуэ щигъуэтат, къаруушхуэ щиIат а пащтыхьыгъуэм. Ар илъэс щищым щIигъукIэ псэуа нэужь, илъэс минитIрэ щищрэ ипэкIэ алыдж Боспор къэралыгъуэм хыхьэжыгъащ. Адыгэ лъэпкъыр нып зидгъэIэнымкIэ нэгъуэщI лъэпкъхэм дыкъакIэрыхуауэ пхужыІэнукъым. Дауи, куэд щIауэ яIащ адыгэ лIакъуэхэм, унагъуэхэм апхуэдэ нып папщIэхэр, щэкIыфI дахэм къыхэщIыкIауэ, я цIыхубзхэм хадыкIауэ, я пхъуантэхэм щагъафIэу, я щIы кIапэ деж хаукIэмэ, щIыр а унагъуэм, лIакъуэм зэрейр кърагъэлъагъуэу, джэгу яIэ хъумэ, зэныкъуэкъу-зэпеуэхэм щытекIуэм тыгъэ хуащIу... Ди адэшхуэхэр хэкум щрахуам щыгъуэ апхуэдэ ныпу я пхъуантэхэм щагъэфIахэр здраха хъунти, зи пхъуантэ апхуэдэ нып хэдыкIа къыдагъуэтахэр, «адыгэ Iуэху зывохуэ, къэрал фыухуэну фыхэт хъунщ фэ» жаIэрэ хагъэзыхьауэ, суд Iуэху ящIу гугъу ирагъэхьауэ къаIуэтэжу щытащ. Нобэ зетхьэ адыгэ ныпыр Уркварт Давид тхузэригъэпэща хуэдэу къыбгурыIуэу тхыгъэ гуэрхэм урохьэлIэ, интернетми IуэрыIуэтэж гуэрхэр щызокIуэ. Езы Уркварт дыдэми етхыжыр адыгэ ныпыр зэрыщытын хуейм теухуауэ адыгэхэм чэнджэщ яритауэ . Чэнджэщ къыдитар пэжщ, ауэ а чэнджэщыр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар, «шапсыгъ нып», «нэтыхъуей нып», «къэбэрдей нып» жыдмыIэу, псоми дизэхуэдэу зы адыгэ нып диIэн зэрыхуейр арат. Ныпым и зэхэлъыкIэм теухуауи и гупсысэ къыджиIэгъэнкIэ хъунущ абы. Ауэ а гупсысэр езым къыздрихагъэнкIэ хъунуми егупсысыпхъэкъэ!? Уркварт Адыгэ хэкум къэкIуэн дэнэ къэна, къамылъху ипэ адыгэхэм нып зэрахьэу зэрыщытар, аддэ нартхэм къыщегъэжьауэ адыгэхэм джэгу, шыгъажэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэ, пыIэзэфIэхь, фэзэтех, шурылъэс, цIампIырэ, тIырыгъу, мывэзэпэдз, зэбэн, Iэпщэ зэбэн, зэпэжэ хуэдэ зэпеуэ-зэныкъуэкъухэр ирагъэкIуэкIыу зэрыщытар, абы щытекIуэхэм дэжьей нып, лIакъуэ нып, IэпэлъэщI ида, щIопщ, къамэ, джатэ хуэдэ тыгъэхэр хуащIу, а тыгъэхэм лIакъуэ е унагъуэ ныпхэри яхэту зэрыщытар дощIэжыр. Иджы зетхьэ лъэпкъ ныпым и къежьапIэм деплъмэ, 1805 гъэм зэрахьа адыгэ нып сурэтхэм дахуозэ. 1807 гъэм лъэпкъ Хасэ щызэхуэсым къахилъхьэу къаригъэщтэн и гугъэу Къалэубатэкъуэ Шупагуэ зэхригъэлъхьауэ щыта адыгэ ныпыр димыIамэ, иджы зетхьэ адыгэ нып дыдэри Истамбыл щынысэ адыгэ гуащэ гуэрым езым и IэкIэ зэрыхидыкIар дымыщIэу щытамэ, ар Уркварт и фIыщIэу щIэдмыбжын щхьэусыгъуэ щыIэнутэкъым. Пэжщ, Уркварт адыгэм къытхуэгумэщIащ, ифI къыдигъэкIыну хэтащ, абыкІэ фIыщIэ хуэфащэщ. Ауэ, пэжыр пэжщи, бгъэкIуэди, щIэбуфи, нэгъуэщIым хуэпхьи хъуркъым. НэгъуэщI лъэпкъхэми къэралхэми ядэу адыгэхэм щхьэхуитыныгъэрэ тетыгъуэрэ щаIа лъэхъэнэхэм къриубыдэу зэрахьа ныпхэм здытепсэлъыхьым, ЛIыIэпэ Хьэж-Мустэфа-Махьир ефэндым мыр жеIэ XVIIIлIэщIыгъуэм къэбэрдейхэм зэрахьа ныпым теухуауэ: «1774 гъэхэм Къэбэрдей щIыналъэм и нагъыщэр (ныпыр) хуабжьу гъэщIэрэщIат икIи хуэхъуреифэу щIат. Нагъыщэм и щIыIум лъэпкъ пщыпIэр къикIыу зы таж тетт, жор тещIыхьэжауэ. Икум деж и щхьэм къыщегъэжьауэ и лъащIэмкIэ къех плIимэ кIыхьым тещIыхьат шабзэшэ зэблэдзаитIрэ вагъуищрэ. Абы я кум нэхъ цIыкIужу иджыри зы плIимэ кIыхь цIыкIу итт мазэ ныкъуэ дзалэ сурэт тещIыхьауэ. Шабзэшэмрэ вагъуэхэмрэ къагъэлъагъуэрт Къэбэрдей-Адыгэ щIыналъэмрэ адыгэ лъэпкъымрэ, мазэ дзалэм ислъам диныр, тажым пщыпIэ тахътэр». ЛIыIэпэ Мустэфа-Махьир ефэндым къэбэрдей ныпыр мыпхуэдэуи къеIуатэ: «Къэбэрдейм и ныпыр щэкI хужьщ мазэ ныкъуэ тещIыхьауэ, мазэ ныкъуэм и кум вагъуэ плъыжь иту». ЗэрыжаIэмкIэ, нэтыхъуейхэм, шапсыгъхэм зэрахьэу щыта ныпыр 1840 гъэм Абын быдапIэм щебгъэрыкIуэхэм урысхэм яIэщIыхьэри, 1922 гъэ пщIондэ Тбилиси музейм щаIыгъащ. Ар 1926 гъэм Адыгейм къахьыжауэ, Мейкъуапэ дэт Къэрал музейм щахъумэ, щагъэлъагъуэ 1936 гъэм къыщыщIэдзауэ. Генерал Глазенап 1805 гъэм КъуэкIыпIэ Черкесием – Къэбэрдей щIыналъэм къебгъэрыкIуэри Бахъсэныпс деж щекIуэкIа зауэм щызыIэрагъэхьат гъуэжь-хужь-удзыфафэу, шабзэшитI зэблэдзарэ къуапитхуу щыт вагъуищымрэ зытещIыхьа адыгэ ныпыр. МыдэкIэ дыкъэкIуэтэнщи, 1818, 1823, 1824 гъэхэм Кавказым щэнейрэ къэкIуа франджы зекIуэлI, дипломат, географ Тэбу де Мариньи Жак «Черкесием къызэрыщыскIухьар» жыхуиIэ и тхылъым, Черкесие щIыналъэм и ХыфIыцIэ Iуфэхэр къригъэлъагъуэу хигъэува картэм тетщ адыгэ нып, вагъуи 8-рэ шабзашищ зэблэдзарэ тещIыхьауэ Вагъуи 7, 8, 9 тету адыгэ ныпхэм уащыхозэ тхылъыжь гуэрхэм, ауэ ахэр щащIа, щызэрахьа лъэхъэнэхэр IупщIу къэгъэлъэгъуауэ къэдгъуэтакъым. Абыхэм я нэхъыбэр къызыхэщIыкIар щэкІ удзыфэт, я нэхъыбапIэм тещIыхьа вагъуэхэри гъуэжьт е хужьт. Хьэвжокъуэ Ахьмэд итхыжыгъащ: «1827 гъэм урысхэм къаувыхьауэ щыта Iэнапэ быдапIэм, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и ныпым зэщIыгъуу вагъуэ 12 зытет адыгэ нып удзыфэри уафэм зыщишэщIу яIыгъауэ». Мы псоми уриплъэжмэ, гурыIуэгъуэ мэхъу 1800 гъэхэм къыщыщIэдзауэ адыгэхэм нып зэхуэмыдэхэр зэраIар, икIи абыхэм ящыщ гуэрхэр кIуэцIрагъэкIыну зэрыхущIэкъуар; е 1836 гъэм къащта иджырей адыгэ ныпыр Адыгэ Хэкум и дэтхэнэ щIыпIэми намыгъэсыфауэ, гурэ псэкIэ кърамыгъэщтэфауэ; е ныпыр къыщащта илъэсымкIэ щыуагъэ гуэр яIэщIэкIауэ. Сытми, мыбдежым зы щыуагъэ гуэр хэлъщи, ар тхыдэтххэм зэхагъэкІын хуейуэ си гугъэщ. Ауэ адыгэ ныпым и зэхэлъыкІэнур Къалэубатэкъуэ Шупагуэ и деж япэу къыщежьами, ар и кІэм нэсу къызэгъэпэщынми лъэпкъым къегъэщтэнми Занэкъуэ Сэфарбий зэрыхэлІыфІыхьам шэч хэлъкъым. Ар МэшбащІэ Исхьэкъ итха «Мывэ щхьэл» романым къыхощ.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
11.12.2025 - 16:00 →
Псалъэхэм къарыкIыр
11.12.2025 - 15:00 →
Лэжьыгъэм и ветеранхэр
09.12.2025 - 15:25 →
Iуащхьэмахуэ и хъыбархэр
02.12.2025 - 11:54 →
Хабзэм тету лэжьапIэ гъэувыныр
| ||




