Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыин хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ Нарт эпосыр. ЛIыхъужьыгъэ инхэмкIэ, къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ гъэнщIа а хъыбарылъэ хьэлэмэтым и лъабжьэхэр аддэ жыжьэ къыщожьэ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар щыIэщ ди эрэм ипэж ита социальнэ зыужьыныгъэм и езанэ илъэс миным. Ди лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр, дяпэ ита нэхъыжьыфIхэм яIа псэукIэр, дуней еплъыкIэр, гупсысэкIэр лъэныкъуэ куэдкIэ къыщыгъэлъэгъуа нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ ди блэкIам и даущыр ди деж къэзыхьэса, адыгэм ди блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ. ЖыпIэнурамэ, Нарт эпосым хуэдэу лъэпкъым дгъэлъапIэ нэгъуэщI IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэ димыIэми ярейщ адыгэхэм.
А псоми теухуа псалъэмакъ купщIафIэ дыгъуасэ щекIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсым хыхьэ лэжьыгъэхэм къызэщIиубыдэу къызэрагъэпэщащ «Адыгэ нарт эпосыр лъэпкъым и псэкупсэ щэнхабзэм и фэеплъ гъуэзэджэщ» фIэщыгъэр зиIа щIэныгъэ-практикэ конференцышхуэр.
Зэхуэсышхуэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Конференцым кърихьэлIахэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, ар къытеувыIащ зэхуэсым и утыку щрахьэну Iуэхугъуэхэм, тепсэлъыхьащ Нарт эпосыр адыгэхэм илъэс мини 100 куэд лъандэрэ къадекIуэкI фIыгъуэу зэрыщытым. Апхуэдэуи къыхигъэщащ ди къэралышхуэм щыпсэу дэтхэ-нэ лъэпкъми, ар куэдми и бжыгъэкIэ мащIэми емылъытауэ, я щэнхабзэр, литературэр, анэдэлъхубзэр яхъумэжын папщIэ УФ-м и унафэщIхэм Iэмал псори къызэрыхузэрагъэпэщым, ахэр ди Хэку иныр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ къулеигъэ нэхъыщхьэхэм зэрыхалъытэм.
АдэкIэ псэлъапIэр хуит хуащIащ «Нартхэр. Адыгэ эпос» томиплI хъууэ къыдэкIа тхылъ абрагъуэм елэжьа щIэныгъэлIхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа еджагъэшхуэхэм, ди республикэм пщIэрэ щIыхьрэ щызиIэ цIыху цIэрыIуэхэм, хэкупсэхэм.
- Лэжьыгъэ къызэрымыкIуэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэлIхэм зэфIахар. Зэман кIыхькIэ дызэлэжьа къыдэкIыгъуэм и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ, абрагъуэщ. Абы нэхъапэIуэкIэ къыдэкIауэ щыта нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ щызэхуэтхьэсыжа къудейкъым, атIэ тхылъхэм ахэр къыщыхьащ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи, ди лъэпкъ IуэрыIуатэр, щэнхабзэр зыфIэхьэлэмэт нэгъуэщI лъэпкъхэми абыхэм щыгъуазэ зыхуащIыфын хуэдэу. КъинэмыщIауэ, къыдэкIыгъуэм ихуа тхыгъэ къэс кIэщIэтщ ар къызыIуэтэжам, зытхам, щатха щIыпIэмрэ зэманымрэ ятеухуа хъыбархэр, - къыщыхигъэщащ и докладым КъБИГИ-м и пашэ, «Нартхэр. Адыгэ эпос» проектым и унафэщI икIи и къызэгъэпэщакIуэ, лъэпкъ еджагъэшхуэ, профессор, ЩIДАА-м и академик Дзэ-мыхь Къасболэт. - Лъэпкъым и дуней еплъыкIэм и лъабжьэр къызыхэщ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ я деж къыщежьащ жьэрыIуатэбзэм и зыужьыныгъэри.
Дзэмыхьым зэрыжиIамкIэ, лъэпкъ щэнхабзэм и фIыгъуэу къэтлъытэ нарт эпосым тхыгъэхэм, тхылъхэм нэмыщI, зыщегъэужьыпхъэщ сурэт гъуазджэми, уэрэдхэми, сабийхэм папщIэ къыдагъэкI таурыхъ жанрхэми. Апхуэдэу лъэпкъым къыщIэувэ щIэблэр нэхъри ешэлIа хъунущ абыхэм.
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ зрата Гъут Iэдэм, «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъыр къыдэгъэкIыным хуэщIа лэжьыгъэхэм, ар дунейм къытехьэным зи гуащIэрэ щIэныгъэ куэдрэ езыхьэлIа лъэпкъ еджагъэшхуэр, тепсэлъыхьащ тхылъым и Iыхьэхэмрэ абы ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм зэфIаха лэжьыгъэхэмрэ зэрызэхэт щIыкIэм.
- Псом япэрауэ жысIэнура-щи, акъыл зэхэдзэрэ зэфIэкI зэкъуэтым къигъэщIа мы тхылъыр дунейм къызэрытехьам къегъэлъагъуэ адыгэхэм абыкIэ диIэ еплъыкIэхэр зэрызэтехуар, зы гупсысэмрэ псалъэмрэ дытет зэрыхъуар, - жиIащ Гъутым. - «ШыхулъагъуэкIэ лъэпкъым къытхуэкIуа лIыхъужьхэм» ятеухуа а лэжьыгъэр къызэретхьэлIа щIыкIэм дытепсэлъыхьмэ, ар Iыхьищу зэщхьэщыхауэ екIуэкIащ. ЯпэщIыкIэ дэ зэхуэтхьэсыжащ нарт хъыбаррэ пшыналъэу дунейм къытехьауэ, щаIуэтауэ, щыжаIауэ щыIэхэр. КъыкIэлъыкIуэу, абыхэм дахэплъэжащ, дджащ, япкърылъ купщIэр, гупсысэр, акъылыр сэтей къызэрытщIыным дыхущIэкъуу. Абы иужькIэ делIэлIащ а псори лъэпкъым и цIыхухэм я деж нэтхьэсыным.
Гъут Iэдэт тепсэлъыхьыжащ япэу, 1941 гъэм, къыдэкIа «Нартхэр» тхылъым ихуэгъахэр зэрызэхуахьэсауэ щытам, къыкIэлъыкIуэу а Iуэхум куууэ елэжьа лъэпкъ щIэныгъэлIхэу ХьэдэгъэлI Аскэр, Шортэн Аскэрбий, КъардэнгъущI Зырамыку, нэгъуэщIхэми я зэфIэкIым кърикIуахэм. Мыхьэнэшхуэ яIащ 1951, 1974 гъэм къыдэкIауэ щыта «Нартхэр» тхылъхэм. Абыхэм яхэттт «Совет къэралым ис лъэпкъхэм я эпосыр» къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэу СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием Дунейпсо литературэмкIэ и институтым и жэрдэмкIэ дунейм къытехьахэри. Абы щыгъуэм япэу къэралым къыщыдагъэкIахэм яхэхуауэ щытащ «Нарт эпосыр», адыгэбзэкIи урысыбзэкIи тхауэ.
«Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъым теухуауэ конференцым и утыкум куэд къыщыпсэлъащ. Апхуэдэхэщ КъБИГИ-м и щIэныгъэ лэжьакIуэхэу Быхъурэ Мухьэмэд, БакIуу Хъанджэрий, Хьэвжокъуэ Людми-лэ, Хьэгъэжей Лянэ, Адыгэ Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и IэщIагъэлIхэу Къуиикъуэ Асфар, нэгъуэщIхэри. ХамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри щыгуфIыкIащ тхылъышхуэм. Абыхэм я цIэкIэ онлайн щытыкIэм тету тхылъыр къыдэзыгъэкIахэми конференцым хэтхэми Тыркум къипсэлъыкIри гуапэу къехъуэхъуащ Къущхьэ Догъэн. Псалъэ зратахэм ящыщ дэтхэнэри ехъуэхъуащ апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыха щIэныгъэлI гупым. ИпэжыпIэкIэ, фIыщIэ ин яхуэфащэщ къыдэкIыгъуэ къызэрымыкIуэм елэжьа щIэныгъэлI-хэу проектым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, Гъут Iэдэм, Быхъурэ Мухьэмэд, Нало Заур, ЦIыпIынэ Аслъэн, Табыщ Мурат, Хьэгъэжей Лянэ сымэ, тхылъым и рецензентхэу БакIуу Хъанджэрийрэ БищIо Борисрэ, ар къыдэкIыгъуэм хуэзыгъэхьэзыра Гъут Лянэ, тхылъыр зи сурэтхэмкIэ ягъэщIэрэщIа Бырсыр Абдулыхь, Къармокъуэ Аслъэн, Натхъо Зэчий, ПэтIуашэ Феликс сымэ, нэгъуэщIхэми.
Куэдым яфIэхьэлэмэтащ конференцым къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэри. Зэхуэсыр щекIуэкIа пэшышхуэм ухуэзышэ щIыхьэпIэм щыплъагъурт нарт лIыхъужьхэм ятеухуауэ къыдэкIауэ щыта тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр, тхыгъэхэр, иужьрейуэ дунейм къытехьа томиплIым ихуа сурэтхэм ящыщ куэд. Абыхэм гупсэхуу щыгъуазэ зыхуащIащ конференцым кърихьэлIахэм.
ЩIэныгъэ конференцым щыжаIа псори къызэщIикъуэжащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Зэхуэсым и кIэухыу абы и хьэщIэ лъапIэхэм тыгъэ хуащIащ «Нартхэр. Адыгэ эпос» томиплI хъууэ къыдэкIа тхылъыр. АбыкIэ зыхуэупсахэм ящыщщ РАН-м и академик, адыгэ еджагъэшхуэ Иуан Пётр, КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэ Зумакулов Борис, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Гъэсашэ Наталье, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Берд Хьэзрэталий, нэгъуэщIхэри. Ди гуапэ зэрыхъущи, тхылъыр тыгъэ гуапэу зратахэм яхэхуащ лъэпкъ журналистхэу, республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэу Ширдий Маринэ, Жыласэ Маритэ, Мэремкъул Ларисэ, Сэралъп Самарэ сымэ.
«Нартхэр» игъащIэкIи мыкIуэдыжыну адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI художественнэ лъапIэныгъэщ, дунейпсо щэнхабзэм увыпIэ щхьэхуэ щызыубыд хъугъуэфIыгъуэщ. Еджагъэшхуэхэм ящыщ куэдым ар хуагъадэ пасэрей алыдж усакIуэ-узэщIакIуэ цIэрыIуэ Гомер и «Илиада»-мрэ, «Одиссея»-мрэ, ижь зэманым псэуа индие узэщIакIуэ Вьясэ и «Махабхаратэ»-м. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ «Нартхэр» лIыхъужь эпосыр, дызэрыгушхуэ щIэин лъапIэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэфын, яIэрызыгъэхьэфын дрехъу иджырей лъэхъэнэм щыпсэу адыгэхэри!