Зэрыгушхуэн я мащIэкъым![]() Абыхэм хыхьэу «Iуащхьэмахуэ» бгы-лыжэ курортым къыщызэIуахащ лыжэкIэ къыщажыхь щIыпIэрэ, псори зэхэту километри 5,2-рэ и кIыхьагъыу, метр 3500-рэ лъагапIэм удэзышей кIапсэ гъуэгуитIрэ. Апхуэдэуи, гъуэгухэр жэщкIэ къагъэнэхуу, уэздыгъэхэр ирикIуэу щыпадзащ, уэс IэрыщI зыщI системэм и етIуанэ Iыхьэр яухуащ. 2026 гъэм зэлэжьыну пэхуэщIэхэри зэIущIэм щагъэбелджылащ. Уеблэмэ 2025 гъэм Азау хуейм щыщIадзащ иджырей сервис центрыр ухуэн. Абы нэмыщI, лыжэкIэ джабэ нэкIухэм къыщыбжыхьын гъуэгущIэхэр щаукъуэдиинущ, цIыху бжыгъэ зэтрихьэхэр абыхэмкIэ ягъэмэщIэн мурадкIэ. «Кавказ.РФ-м лэжьэн зэрыщIидзэрэ инвестицэ ахъшэу сом мелард 83-м щIигъу КИФЩI-м и щIыналъэхэм къыхригъэлъхьащ. 2025 гъэм ди унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм хыхьащ турист IэнатIэм щылажьэхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэныр, IэщIагъэлI нэсхэр абы къешэлIэныр, иджырей технологиехэр жыджэру къэгъэсэбэпыныр», - жиIащ Кавказ.РФ-м и унафэщI Юмшанов Андрей.
Поделиться:
Читать также:
07.02.2026 - 10:06 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах
04.02.2026 - 12:35 →
Ипотекэр куэдым къагъэсэбэп
04.02.2026 - 11:59 →
«Пэрытхэм» я Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр
03.02.2026 - 17:46 →
Щыхэхъуи щыхэщIи щыIащ
31.01.2026 - 10:01 →
КIыщокъуэм и фэеплъым деж
| ||





