Коронавирусыр зэуалIэхэм я бжыгъэм хохъуэОперативнэ штабым къызэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым аргуэру коронавирус уз зэрыцIалэм зыщиубгъуу хуежьащ. ФокIадэм и 30-м ирихьэлIэу сымаджэщу плIым цIыху 872-рэ щIэлъащ (сабийуэ 15 яхэту), абыхэм ящыщу 106-р хьэлъэ дыдэу. Хэхауэ шынагъуэу щыт уз зэрыцIалэхэр зэуэлIахэм щеIэзэ сымаджэщхэм а зэманым щыIащ сымаджэхэм папщIэ гъуэлъыпIэу 937-рэ. Коронавирус уз зэуэлIахэм иджыпсту щоIэзэ сымаджэщу плIым - Налшык и къалэ сымаджэщ №1-м, къалэ сымаджэщ №2-м, Прохладнэ муниципальнэ районым щыIэ район зэхуаку сымаджэщым, Прохладнэ къалэм и сымаджэщым. Лэжьэн щIедзэж Налшык къалэ сымаджэщ №1-м и унэм ковидым щеIэзэну къыщызэIуахауэ щыта сымаджэщым. Мы уз зэрыцIалэм зэрыщеIэзэнум аргуэру хуагъэхьэзырыжащ СПИД-мкIэ центрымрэ Тэрч муниципальнэ районымрэ я сымаджэщхэр.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|