Сабии 140-рэ щIэхуэну

Хъыбар гуапэ

Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмыса сабийхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ди республикэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, ди республикэм и къалащхьэм къепха Белая Речкэ жылэм щэбэт кIуам къыщызэIуахащ цIыкIуи 140-рэ зыщIэхуэну сабий гъэсапIэщIэ. Абы иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ Налшык къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймуразрэ.

Сабий садым щыгуфIыкIар ар зыхуащIа цIыкIухэм я закъуэкъым. Жылэм къыдэхъуэ щIэблэщIэм тыншыпIэ яхуэхъуну а IуэхущIапIэр мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ ухуэныгъэщ, сыту жыпIэмэ иужьрей илъэс 30-м къриубыдэу апхуэдэ ухуэныгъэ гуэри Белая Речкэ щекIуэкIакъым. Къызэхуэсахэм а гуфIэгъуэшхуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ Мусуковыр. Абы и псалъэхэм пищэу зэхуэсым къыщыпсэлъащ Ахъуэхъу Таймурази.
- Нобэ Белая Речкэ къыщызэIутх ухуэныгъэр гъэсапIэ къудейкъым, атIэ апхуэдэуи ар сабийм лъэныкъуэ куэдкIэ зыщиужьынымкIэ Iэмал щигъуэтыну IуэхущIапIэщ, - къыхигъэщащ Ахъуэхъум. – Жылэдэсхэм угъурлы фхуэхъуну си гуапэщ сабий садыщIэр. IуэхущIапIэм и цIэр фIыкIэ куэдрэ зэхэтхыну дыщогугъ.
Жылэм къыщыхъу цIыкIухэр зэкIуэлIэну гъэсапIэр зэпэщщ унэлъащIэ екIухэмкIи, жеипIэ тыншхэмкIи, джэгупIэ гъэщIэгъуэнхэмкIи, зытхьэщIыпIэ хуитхэмкIи. Сабийхэр махуэм щэ ягъэшхэнущ, шэджагъуэм ягъэжеинущ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр гупжьейхэм щыдрагъэкIуэкIынущ. ЖыпIэнурамэ, сабий садым щыIэ Iэмалхэр мардэ псоми хуокIуэ.
IуэхущIапIэщIэм и гъэсакIуэхэми адэ-анэхэми жаIащ апхуэдэ Iэмалхэр здэщыIэ сабий садым хуабжьу зэрыщыгуфIыкIар.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: