Мылъкуракъым насыпыр

Норвегием и цIыху нэхъ къулей дыдэхэм ящыщ, ухуакIуэ компаниехэр зыIэщIэлъ, зи ныбжьыр илъэс 90 ирикъуа Тун Улав и мылъкур псапэ Iуэхум хилъхьащ.

«Сэ лъакъуэрыгъажэрэ лъэрыжэрэ сиIэщ, сшхыр мащIэ дыдэщ. Си гугъэщ псори хъарзынэ хъуну», - щыжиIащ Тун «Dagbladet» газетым ирита интервьюм.

Тун Улав крон мелард 25,4-рэ зыхэлъ псапащIэ фонд къызэIуихащ. «Сэ сызэреплъымкIэ, зы илъэсым къриубыдэу псапэ Iуэхухэм тедгъэкIуэдэфынущ крон мелуан 50, - жиIащ хьэрычэтыщIэм. – А ахъшэм и ныкъуэр трагъэкIуэдэнущ математикэм, биологием, медицинэм, нэгъуэщI щIэныгъэхэмкIэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIыным».

ХьэщIэщхэр, сату IуэхущIапIэ инхэр ухуэным игъащIэ лъандэрэ хэта Тун Улав Норвегием и цIыху къулейхэм я пашэщ. Абы мызэ-мытIэу къыхигъэщащ и мылъкур адрей дунейм къызэрыщыхуэмысэбэпынур, къызыхуигъэнэн бын, Iыхьлы зэримыIэр.

Тун крон мелуан 15 турист зэгухьэныгъэм иритауэ щытащ, крон мелуан 26-рэ благъагъэкIэ къыгухьэхэм зи ныбжьыр илъэс 13-м щегъэжьауэ 30 хъууэ яхэтхэм яхуигуэшащ.

Абы сыт щыгъуи жеIэ мылъкумрэ хъугъуэфIыгъуэмрэ насып къызэрыпхуамыхьыр, атIэ щIэм ухуэпабгъэу, фIыуэ плъагъу IэщIагъэм урилажьэу упсэуныр зэрыгухэхъуэр. Аращ ар пенсэм мыкIуауэ иджыри щIэлажьэр.

КЪЭБАРТ Мирэ.
Поделиться: