Адыгэ хадэр хэмыкIуэдэжын папщIэ

                           Адыгэхэм  я  хадэ  зехьэкIэм теухуауэ щыIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр зэгъэуIуным, ар тхылъхэм ит  теорие къудейуэ къэмынэу, къыдэкIуэтей щIэблэм хэпща зэрыхъуным щытепсэлъыхьащ щэкIуэгъуэм  и  23-м  Мейкъуапэ  дэт  Адыгэ  университетым  хэт  ЩIэныгъэ  библиотекэм   щызэхэта  «Адыгэ  хадэр  щIыналъэм щекIуэкI  жылагъуэ-щэнхабзэ  зэхъуэкIыныгъэхэм  зэрадекIуэкIыр»  («Черкесский сад» в пространстве социокультурной трансформации») Iэнэ  хъурейм.

        «Адыгэ хадэм  и цIэ къипIуэху, гъэщIэгъуэну  гу зылъыптэхэм язщ  абы   сыт хуэдэ къудамэми  щыщ  щIэныгъэлIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ зэрызришалIэр, - жиIащ  Iэнэ  хъурейр  къыщызэIуихым  Аулъэ Iэсият. – Ди  лъэпкъым  и  жыг гъэкIыкIэр   дунейпсо  цIыхубэм фIэбгъэкIуэд  мыхъуну лъапIэныгъэхэм  я  щапхъэщ. Абы  къыхэкIыу, зыгуэр къызыфIэIуэху псоми я къару ирамыхьэлIэу хъунукъым». 

      Псалъэмакъ  щхьэпэм кърихьэлIащ  Адыгэ  республикэмрэ  Краснодар краймрэ  щыщ  щIэныгъэлIхэр,  курыт  школхэмрэ  щIэныгъэ  нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт  еджапIэхэм  я  егъэджакIуэхэр. Iэнэ  хъурейм  зэхуишэсащ адыгэ  хадэм  и тхыдэмрэ  и  нобэмрэ  щыгъуазэ,  лъэпкъым  и  жыг гъэкIыкIэм щIэныгъэкIи  лэжьыгъэкIи  епха  IэщIагъэлIхэр. Къэпсэлъэныгъэ  щхьэхуэкIэ   утыку  къихьахэщ  Адыгэ республикэм щыпсэу   щIэныгъэрылажьэхэмрэ  жылагъуэ  лэжьакIуэхэмрэ. Абыхэм ящыщщ   КIэрашэ Тембот  и цIэр  зезыхьэ Адыгэ республикэм  гуманитар  къэхутэныгъэхэмрэ  и  институтым этнологиемрэ лъэпкъ гъуазджэмкIэ кафедрэм  и щIэныгъэрылажьэ  нэхъыщхьэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор  ХъуэткIуэ Самир;  Адыгэ университетым философиемрэ социологиемкIэ и кафедрэм и доцентхэу Нэхей Вячеславрэ ХьэщIэцIыкIу Зауррэ;  Вавиловым и цIэр зезыхьэ, Генетикэ къэхутэныгъэхэмкIэ  урысейпсо  институтым  постгеномнэ къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI   лабораторэм  и  щIэныгъэрылажьэ  нэхъыщхьэ  Шаповалов Максим;  Адыгэ университетым  педагогикэмрэ егъэджэныгъэм къыщагъэщхьэпэ IэмалыщIэхэмрэ  и  кафедрэм  и  доцент, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа  Аулъэ Асият; АКъУ-м филологие факультетым  урысыбзэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Беданокъуэ  Зулейхъан; ХьэмышкIий  къуажэм «Адыгэ хадэ»  музей къыщызэIухынымкIэ проектым  елэжь Фархатов  Ильяс, нэгъуэщIхэри.

        «Телемост»  IэмалкIэ  Iэнэ  хъурейм  къыдэлэжьащ  ищхьэкIэ  зи гугъу тщIа  Вавиловым и  цIэр зезыхьэ  Генетикэ къэхутэныгъэхэмкIэ институтым  и  щIэныгъэрылажьэ Ухатовэ  Юлие.   

        Япэу псалъэ  зрата  Хъуэткъуэ Самир  адыгэхэм  я  хадэ зехьэкIэр джын Iуэхум  хэлъхьэныгъэ  хуэзыщIа  псоми  я  цIэ  къриIуащ, абы  зэман-зэманкIэрэ  гъуэгу  ирамыту  щытами, иджы фIым ущызыгъэгугъ  куэд зэрыплъагъум тепсэлъыхьащ. 

            «Мыр  уасэ  зимыIэ  зэхуэсщ  лъэныкъуэ  куэдым  хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр  къызэхуишэсауэ  икIи  ар  щхьэусыгъуэ  хуэхъуну  къысщохъу дызытепсэлъыхь  Iуэхур  ипэкIэ  кIуэтэнымкIэ, - жиIащ Самир. -  Урыс- Кавказ  зауэр  зэриухрэ  блэкIа  илъэсищэрэ щэ  ныкъуэм урыс щIэныгъэлIышхуэхэм хэлъхьэныгъэшхуэ  хуащIащ  адыгэхэм  къащIэна  мы  щIэныгъэ къудамэр джыным. Адыгэхэр щыжытIэкIэ, абы, дауи,  Адыгэ Хэкум (Черкесием) щыпсэуа  абазэхэри, убыххэри  яхыдогъэубыдэ,  сыту жыпIэмэ,  псоми я щэнхабзэр  зэтохуэ».

       ХъуэткIуэ Самир  Iэнэ хъурейм къекIуэлIахэм  ягу къигъэкIыжащ адыгэ  хадэ  зехьэкIэр  яджын  куэд щIауэ зэрыщIадзам. ФIыщIэм я нэхъ  иныр хуэфащэу  жыпIэ  хъунущ иджыри  Сталин  Иосиф  и зэманым, I948 гъэм,   и псэм темышыныхьу   «Адыгейм щыIэ  адыгэ хадэхэр» («Адыгейские черкесские сады») тхылъыр къыдэзыгъэкIауэ щыта Тхьэгъуш Нухь.   Абы иужькIэ  щIэныгъэр  цIыхухэм ящIэж пэтми, тхылъым кърахыну, IэщIагъэ ящIыжыну яхузэфIэкIыртэкъым.  КъулыкъущIэхэр сытым дежи  хуосакъ апхуэдэ гупыжхэм.  Ауэ  совет  зэманыр зэриухрэ  жьыщIэ къыкъуэуащ.  Куэд  хузэфIэкIащ  Адыгейм щэнхабзэмкIэ и министру щыта Чемсо Гъэзий. Абы и фIыгъэкIэ  адыгэ хадэм ехьэлIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щIэрыщIэу зэхаублэжащ».

 

     ⠀ЩIэныгъэлIхэр  зэакъылэгъуу тепсэлъыхьащ адыгэ хадэ зехьэкIэр хэмыкIуэдэжыпэ  щIыкIэ, абы  Адыгейм и къуажэ школхэм щIэс сабийхэр зэрыхурагъэджэн Iэмал  къэгъуэтын зэрыхуейм.

       «Гупыж  хъарзынэу къысщохъу лэжьыгъэр курыт еджапIэхэм ягъэIэпхъуэну зэрамурадыр, - жиIащ Ухатовэ Юлие  Iэнэ хъурейм  хэтхэм фIэхъус  къащрихым. -  КъыкIэлъыкIуэ  лъэбакъуэр  ча  хъуным абы  и сэбэпынагъ куэд къекIынущ».

       Iэнэ  хъурейр  щекIуэкIа  хьэщIэщым  пэгъунэгъуу  къызэIуахащ «Адыгэ хадэр лъэпкъым  и щэнхабзэм къызэрыхэщыр» зыфIаща

гъэлъэгъуэныгъэр.      

                                                       

                                                                

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: