Дыгъэм зегъазэ

Астрономхэм къызэрабжамкIэ, 2021 гъэм Дыгъэм зыщигъазэ пIа­лъэр дызэрыт мазэм и 21-м, пщы­хьэщхьэм сыхьэт 18-рэ да­къикъэ 58-м тохуэ (Москва къы­зэрыщабж зэманымкIэ). Ауэ щыхъукIи, дыгъэгъазэм и 20-м икIыу и 21-м хуэкIуэ жэщыр, илъэс псом зэрыщекIуэкIым елъы­­тауэ, абдежым щынэхъ кIыхь дыдэщ, къыкIэлъыкIуэ махуэр зэры­щынэхъ кIэщIым къы­дэкIуэу.

НэгъуэщIу жытIэмэ, ди планетэм и щIыгум щыщу ищхъэрэкIэ щы­Iэ щIыналъэхэр дыкъэзыгъэ­нэ­ху, дыкъэзыгъэхуабэ бзий дыща­фэхэр мащIэу фIэкIа къыщыттемыпсэ лъэхъэнэм и нэхъ зэщыкъузапIэр зыхуэзэр дыгъэгъазэм и 21-ращ (високоснэ илъэсхэм - дыгъэгъазэм и 22-рщ).
Ижь-ижьыжкIэ псэуа цIыхухэми гу зэрылъатауэ, ЩIы Хъурейм и ­къекIэрэхъуэкIыкIэм зэрызихъуэ­жым елъытауэ, Дыгъэм и зыгъэ­зэкIэми зызэрехъуэкI, щIымахуэм, дызэригъэхуабэ щIагъуэ щы­мыIэу, уэгум лъагэу зыщимыIэ­тыщэу.
Апхуэдэу щIэхъум и щхьэусы­гъуэр,­ астрономие щIэныгъэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, ЩIы Хъурейм и экваторым дыгъэгъазэм и 21-м ирихьэлIэу Дыгъэм хуэлъэныкъуабэ дыдэ, градус 23-м зымащIэкIэ фIэкIа щIримыгъэгъуу, зэ­рызыхуищIырщ. Абдежым ди планетэм и ищхъэрэ лъэныкъуэхэмкIэ махуэм и нэхур - сыхьэти 7-кIэ, жэщым и кIыфIыр - сыхьэт 17-кIэ екIуэкI хабзэщ. Абы къыдэкIуэуи, ди нэгу къытхущIэгъэувэжынущ, пасэ зэман жыжьэхэм бгъуэн­щIагъ­хэмрэ щIыунэхэмрэ фIэкIа зи псэупIэу щымыта цIыхухэм я дежкIэ щIымахуэр щIыIэмрэ мэ­жэщIалIагъэмрэ къащытепсыхэ лъэхъэ­нэу зэрыщытари.
Астрономие щIэныгъэм мыхьэнэ ин зрит а Iуэхугъуэр зэрызэфIэкIыу, ипщэ щIыналъэхэмкIэ и нэхъ жыжьапIэ дыдэу екIуэкIа Дыгъэм дыщыпсэу лъэныкъуэхэмкIи гъатхэр къызэрыщригъэхьэжын хуейр «игу къэкIыжа» фIэкIа умыщIэну, къытхуэпIащIэу и гъуэгуанэ кIы­хьым къытеувэжынущ, абы къы­дэкIуэуи, ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу махуэм и кIыхьагъым дакъикъиблкIэ зригъэхъуэжынущ.
НэгъуэщIу дегупсысынщи, мы махуэр зэрыщыIэм ди адэжьхэми гу лъамытэнкIэ Iэмал иIакъым. ЖытIам и щыхьэту къэувыфынущ илъэс щитI ипэкIэ, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу, щIэныгъэ зыбгъэдэлъу адыгэхэм я деж къэ­кIуауэ щыта зыплъыхьакIуэ-зекIуэлI­хэм къытхуагъэна тхыгъэхэм ярытхэри.
Апхуэдэхэр щыхьэт зэрыте­хъуэмкIэ, адыгэхэм «Сэзрэщ» («Дыгъэгъазэ») зыфIаща махуэр Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми ижь-ижьыж лъандэрэ яIэту щыта Iуэхугъуэщ, иужьым, муслъымэн диныр къыщащтэм тIэкIу-тIэкIуурэ IуагъэкIуэтыжын хуей хъуа пэтми.
 

Бэрау Бышэ.
Поделиться: