Бэгъуэт Самирэ и хьэндырабгъуэрБзылъхугъэхэм зэрызагъэщIэращIэ пщэхъухэм палъ-хьэ «Хьэндырабгъуэ» кIэрыщIэ цIыкIухэр, 925 пробэ зиIэ дыжьыным къыхэщIыкIарэ фианит мывэхэмкIэ гъэдэ-хар, ди къэралым и къалэ куэдым дэт «585*ЗОЛОТОЙ» тыкуэнхэм щащэ. Ар къытращIыкIащ адыгэ хъыджэбз цIыкIу Бэгъуэт Самирэ «Сабийхэм - сабийхэм папщIэ» зэхьэзэхуэм нэхъыфIу къыщалъыта и сурэтым. Самирэ илъэс 14 и ныбжьщ, Налшык и Вольнэ Аул хьэблэм щопсэу. «Тхэквондо спорт лIэужьыгъуэм зыхузогъасэ, кореибзэ содж, хьэпIацIэ щыгъэ соблэ, сурэт щIыныр зыхэслъхьэ щыIэкъым, - жеIэ абы. - Си хьэндырабгъуэ цIыкIур псэм, щIэныгъэм хуэпабгъэным, гъэщIэгъуэн гуэр къызэIухыным я дамыгъэщ. И дамэ цIыкIухэр щхъуэкIэплъыкIэщ, цIыхухэм я къарур, я зэфIэкIыр щагъэунэху хъуну Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэлъагъуэу».
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
|