ХьэщIэ гъэтIысыкIэ

Адыгэ хабзэ

ПщIэ зыхуэтщI «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и лэжьакIуэхэ! Фэ зыныфхуегъазэ Арщыдан къуажэм щыщ, илъэс 40 хъуауэ школым егъэджакIуэу щылажьэ Къущхьэ Мусэрбий. Си упщIэр зэтеухуар гуфIэгъуэ Iэнэм щекIуэкIын хуей хабзэрщ.

Ди адыгэ лъэпкъым нэхърэ нэхъ хабзэ дахэ къэзыгъэщIа, ар екIуу, тэмэму, псори къыдэхъуапсэу зезыхьэу щыта щыIэкъым. СыкъызыхэкIахэр къызощтэри, ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм, хьэщIэхэр Iэнэм зэрагъэтIысым, абы кIэлъызэрахьэ хабзэхэм сакIэлъыплъу щытащ. Сыщхьэгъэрытынуи куэдрэ къысхуихуащ. Ди адэ Хьэбалэ мыгъуэр егъэлеяуэ хабзэщIэкъуу къэгъуэгурыкIуащ, гуфIэгъуэ Iэнэхэм я тхьэмадэу хузэфIэкIыху иригъэкIуэкIащ. Абы сэ сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу сыкIэлъыплъащ икIи нэхъапэм хьэщIэхэр Iэнэм зэрагъэтIысу щытамрэ иджы зэращIымрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэу солъагъури, пэжыр къытхутевдзэну сыныволъэIу. Сыхуейт адыгэ Iэнэм, хэгъэрей нэхъыжьым (Iэнэм и тхьэмадэм) хьэщIэхэр тэмэму зэригъэтIысын хуейр псоми ящIэну.
Мы си упщIэр узэригузэвэн Iуэхугъуэу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, иужьрей зэманым къагупсыс (ирагъэкIуэкI) хабзэхэмрэ ди нэхъыжьыфIхэм зэрахьэу щытахэмрэ зэщхьэщыкI хъуащи, зэдауэ кIыхьхэр къашэ, хабзэр щызэблашыр нэхъыбэжщ. Сэ сыхуейщ Къэбэрдейм и жылагъуэ къэс ди хабзэр щызэтехуэу, ди ужь итхэм ар быдэу зыхалъхьэу, екIуу зэрахьэу, адыгэ лъэпкъыр ефIакIуэу псэуну. Абы щхьэкIэ псоми хабзэм и пэжыпIэр ящIэн хуейщ.
Мусэрбий къиIэта Iуэхугъуэр мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ, дуней псом къикIа зыплъыхьакIуэхэм, гъунэгъу лъэпкъхэм яфIэтелъыджэу щыта адыгэ хабзэр къытщIэхъуэ щIэблэм я мызакъуэу, нобэ нэхъыжьыгъуэр къызылъысахэми ящIэн, ар тэмэму ягъэзэщIэн хуейщ. Армырамэ, щхьэж фIэфIыр хилъхьэмэ, къызэрыгурыIуэм хуэдэу зэблишмэ, абы зыри и мыхьэнэжкъым.
Адыгэ хабзэр къызэрекIуэкIар зэхуэ­хьэ­сыжынымрэ ар гъащIэм хэпщэжынымрэ и гуащIэ куэд хилъхьащ IуэрыIуатэдж, тхакIуэ цIэрыIуэ МафIэдз Сэрэбий. Абы теухуа лэжьыгъэ щхьэпэ зыбжани дунейм къытригъэхьащ. 1994 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм МафIэдзым къыщыдигъэкIа, щIэупщIэшхуэ зэриIэм папщIэ иджыблагъэ зи куэдагъым хэпщIыкIыу хагъэхъуа «Адыгэ хабзэр» псынщIэ дыдэу зэбграхащ икIи унагъуэ, лъэпкъ куэдым хуэсакъыпэу зэрахьэ, абы итхэр щIэблэми балигъми зэрагъэзэщIэным хущIэкъуу, зэдауэ зэхэгъэкIыпIэу.
Къущхьэ Мусэрбий зыщIэупщIа Iуэхугъуэм теухуауэ абы и 166-нэ напэкIуэцIым итщ: «ХьэщIэхэр щагъэтIыскIэ бысымхэм я нэхъыжьым, Iэнэм и тхьэмадэм, и ижьырабгъум къихуэу хьэщIэхэм я нэхъыжьыр игъэтIысырт, абы бысым тхьэмадэм къыкIэлъыкIуэр къыбгъэдагъэтIысхьэжырт. Тхьэмадэм и сэмэгурабгъум хьэщIэ нэхъыжьым ныбжькIэ е хуэфащэ пщIэкIэ къыкIэлъыкIуэр ягъэтIысырт. Иджы зэрыхъур арат, бысым тхьэмадэр хьэщIитIым я зэхуаку дэсу, хьэщIэ нэхъыжьыр бысымитIым я зэхуаку дэсу. Мыдрейхэр щхьэж зэрыхуэфащэкIэ хэт жьантIэ лъэныкъуэмкIэ, хэти шхэфэгу лъэныкъуэмкIэ щетIысэкIхэрт. Ахэр зэлъытар гъуэгу къызэпачамрэ псыуэ къызэпаупщIамрэт. КъыщыкIуэм псы нэхъыбэ къикIар нэхъ хьэщIэ лъапIэу ягъэувырт адыгэхэм. КъинэмыщIауэ, Iуэхур щекIуэкI лъэпкъым я пхъурылъхухэм нэхъ жьантIэр лъагъэсырт, езы лъэпкъым щыщхэмрэ абы нэгъуэщI благъагъэкIэ къабгъэдыхьэхэмрэ нэхърэ а пхъурылъхур ныбжькIэ мыдрейхэм нэхърэ нэхъ щIалэми.
Iэнэ хъурейхэм къыпыкIыу Iэнэ кIыхьыр щагъэув щыхъуами, а тIысыкIэм зихъуэжакъым. Бысымым нэхъыжь Iэнэм и тхьэмадэм и ижьырабгъум хьэщIэ нэхъыжьыр егъэтIыс, абы хэгъэрей къыкIэлъыкIуэр бгъуротIысхьэж, хэгъэрей нэхъыжьым и сэмэгурабгъум хьэщIэхэм я нэхъыжьым къыкIэлъыкIуэр мэтIыс…».

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: