Мы гъэм и япэ зэIущIэ![]() КъБР-м и Парламентым и Президиумыр мы гъэм япэу зэхуэсащ. Ар къыщызэIуихым Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ гъатхэ сессиер гугъуу зэрыщытынур икIи депутатхэм ехъуэхъуащ я къалэнхэм ехъулIэныгъэ яIэу пэлъэщыну. «Транспорт налогым», «IуэхущIапIэхэм я мылъкухэм техьэ налогым» теухуауэ КъБР-м и Законхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и проектым зэIущIэм щыхэплъащ. Проектыр зэхагъэувэным щхьэусыгъуэ хуэхъуащ федеральнэ законодательствэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэр. КъБР-м и Парламентым бюджетымкIэ, налогхэмрэ финансхэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил зэрыжиIамкIэ, налог зытехьэ бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкухэм я бжыгъэм къыхэхъуащ. УФ-м и щIыналъэхэм я законхэм тету IуэхущIапIэхэм я мылъкухэм техьэ налогыр къызэрапщытэ базэ щыIэщ. Абы хеубыдэ псэупIэхэр, гаражхэр, автомобиль гъэувыпIэхэр, унэ ныкъуэщIхэр, апхуэдэуи, цIыху щхьэхуэхэм псэупIэ щаухуэну, жыг щагъэкIыну е гъавэ щащIэну хухаха щIы Iыхьэхэм тращIыхь ухуэныгъэ зэхуэмыдэхэр.
Поделиться:
Читать также:
02.07.2022 - 16:33 →
Дыбэлэрыгъ хъунукъым
02.07.2022 - 10:24 →
УхуэныгъэщIэхэр яубзыху
26.06.2022 - 14:41 →
Музейм щахъумэнущ ТекIуэныгъэм и сэшхуэр
25.06.2022 - 15:06 →
Къэрал мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ
22.06.2022 - 17:55 →
Ухуэныгъэр зэрекIуэкIым кIэлъоплъ
|