Сабий гъэсапIэм и гуащэ

Ди псэлъэгъур Щхьэлыкъуэ къуа­жэм дэт школ №1-м къегъэщIылIа сабий садым и уна­фэщIщ илъэс куэд хъуауэ. ЩыIэкъым сабийм и деж щыпхь жэуа­пым нэхърэ нэхъ ин. Иуан Агнессэ абы пэлъэщ къудей мыхъуу, зыпэрыт IэнатIэм гукъыдэжи къы­хех. Ди гуа­пэу фыщыдогъэгъуазэ бзылъ­хугъэм и гупсысэхэм. 

- Агнессэ, IэщIагъэ пхуэхъуар сабий хъуэпсапIэм къыхэкIа  хьэмэ­рэ нэгъуэщI гупсысэхэм кърикIуа?
- Дохутыр сыхъуну сехъуапсэу щытащ сыщыцIыкIум. Класс нэхъыжь­хэм сыщынэсам псом нэхърэ нэхъыфIу къызэхъулIэрт математикэм­рэ физикэмрэ. Абы щыгъуэ тезухуат сызыхуеджэнур. Щапхъэ схуэхъуари математикэмкIэ ди школ егъэджакIуэрт. 
Курыт школыр къэзухри, Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэм сыщыхуеджащ. Си сту­дент гъащIэр щIэ­щыгъуэт, си гур куэдрэ согъэнщIыж абы епха гу­­къэ­­кIыжхэмкIэ. Курс лъэщт сызыхэсар. Къыддеджа, щIэныгъэлI хъуа куэдым фIыкIэ я цIэ ираIуэ. Иджыри дызэрыгъэ­кIуэдыркъым, илъэситху къэс дызэхуэсыныр хабзэ тхуэ­хъуауэ. Университет нэужьым физикэмкIэ егъэджакIуэу сылэжьащ. 1993 гъэ лъандэрэ сабий садым сриунафэщIщ. Япэ лъэбакъуэхэр сы­тым дежи гугъукъэ?! Сэри сыте­мыгушхуащэурэ къыщIэздзауэ щытащ. ИтIани, сэ схэлът сы­зыпэрыт IэнатIэм щынэхъыщхьэр - сабий фIыуэ слъагъурт. Псоми пIалъэ кIэщIкIэ сыхэзэгъащ, лэжьыгъэри си гум дыхьащ. Апхуэдизу си лэжьыгъэр сщыщ хъуащи, абы дэрэжэгъуэу къысхилъхьэмкIэ зызогъэнщIыж. 
Чырбыш заводыр здэщытымкIэ дыщыIащ япэ илъэсхэм. Ды­зыщIэс унэр жьы хъуат, сабий гупищ диIэу арат, дызыхуэны­къуэхэри куэд хъурт.­ Ауэ сыт хуэдэ щытыкIэ дихуами, ди гъэсэн-         хэм датеплъэкъу­кIакъым. Мыбы ­ды­къызэрыIэпхъуэ­рэ илъэс 17 ­мэхъу. Дгъэкъабзэщ, зетхьэщ, зы­хуей хуэдгъазэри дыкъэ­кIуауэ щытащ. Пэжщ, ди IуэхущIапIэр иджырейуэ дэщIеякъым, пщIантIэм и джэгупIэхэр щIэкъым, садыщIэ яухуэхэм хуэдэу сабийм уазэрыдэ­лажьэ псомкIи нэсу дызэпэщу сху­жы­Iэнукъым. Ауэ сабий сад нэхъ пэрытхэм дащыщщ, ди ехъулIэныгъэхэм я лъэныкъуэкIэ. Уеблэмэ адэ-анэхэм я быныр ди деж кърашалIэмэ нэхъ къащтэ. Сыту жыпIэмэ, ди пIалъэр ящIэ, ди лэжьэкIэр ягъэу­нэхуащ. Хэт и сабий нэхъыжьхэр дэ щIэдгъэкIащи, нэхъыщIэхэри къытхуешэ, хэти ди хъыбарыфI зэхехри, дыкъыхех. 
- Зы IуэхущIапIэ и унафэщIу ущы­тыныр тыншу къыщIэкIынутэкъым…
- Си щIыбагъым си унагъуэр къыдэтащ япэ махуэхэм щегъэжьауэ, лэжьыгъэ IэнатIэм текIуадэ зэманымрэ гуащIэмрэ къызыгурыIуэ си щхьэгъусэм къыздиIыгъщ Iуэхуу зызэсп­щытыр. 
- Сабий садым къекIуалIэхэм заужьын папщIэ сыт нэхъ фызэлIалIэр?
- Пщэдджыжьым адэ-анэхэм сабийхэр къытхуаша нэужь, махуэм ахэр зыхуей зэрыхуэзэнумкIэ ягурэ я щхьэрэ зэтелъу щIэкIыжмэ, ар дзыхь  къызэрытхуащIым и нэщэ­нэщ. МыдэкIэ дэ мардэ щхьэхуэм дытету долажьэ. ЦIыкIухэр щIэх-щIэхыурэ зэпеуэ хэдгъэтщ. Зэрызэпебгъэуэн мащIэ?! Усэ къеджэнкIэ, къафэкIэ, сурэт е IэрыкI гъэщIэ­гъуэнхэр щIынкIэ. Зэпеуэм и мы­хьэнэр сыт жы­пIэмэ, абы сабийр нэхъыфI зэрыхъунум и гур хуэпабгъэу къегъэхъу. Махуэшхуэхэр щIэ­щыгъуэу яхудогъэ­лъапIэ. БгъэгуфIэху, я гур утIыпща мэхъу, я гуп­сысэхэр къызэрокI сабийхэм. 
- ГъэсакIуэхэм уахуэарэзы?
- Ди гъэсакIуэхэр фIым я фIыжщ. Илъэс куэд хъуауэ лажьэхэри, нэхъ щIалэхэри ди­Iэщ. А зи щIалэгъуэ­хэри нэхъыжьхэм ядоплъей. Сабий гъэсакIуэхэм папщIэ къызэрагъэ­пэщ зэпеуэхэм жыджэру хэтхэщ, ехъу­лIэныгъэ щызыIэрамыгъэхьи къэхъур­кым. Арэзы сыкъащI лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэмкIэ, зыгуэр къалэн ящыпщIамэ, абы щIэщыгъуагъ гуэр халъхьэ Iэмал имыIэу. Нэхъыщхьэжращи, сабийр къыдахьэхыф, и бзэр ящIэ. Гупым щIэсхэм бгъэ­ды­хьэкIэ зырызыххэ ­хуаIэщ, нэ­гъуэщIуи хъунукъым. Улахуэ щхьэ­кIэ ущылэжьэн щIыпIэкъым сабий садыр. ЦIыкIухэр гурэ псэкIэ зы­хэпщIэн хуейщ, абы и псэ махэм ухуэ­сакъыу. А псори яхэлъщ ди гъэсакIуэхэм. Сэри сыунафэщI ткIийкъым. Гуапагъэм къимышэ фIы щыIэу къыщIэкIынукъым. Зы уна­гъуэ дахэм хуэдэу дызэдолажьэ, ды­зочэнджэщ, дыкъызэдокIуэкI. 
- Гу зэрылъыстамкIэ, цIыкIу­хэм я гум лъэпкъ гупсысэ къыщыгъэу­шынми гулъытэ хувощI…
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, сабийхэм я бзэр щащыгъупщэ, нэхъ пэжу жыпIэмэ, щыIэпауд зэманщ иджыпсту. Абы дытегузэвыхь ­къудей мыхъуу, ди деж къекIуалIэ цIыкIухэм зацIыхужу къыдэкIуэтеиным догугъу. Бзэр, хабзэр, щэнхабзэр я гум зэрыщыт­хъумэным и ужь дитщ. Дауи, абы папщIэ къэдгъэсэбэпыр сабийм и ныбжьым тещIыхьа Iэмалхэрщ. Псалъэм папщIэ, гущэхэпхэм теухуауэ теплъэгъуэ цIы­кIухэр ягъэхьэзыр, адыгэ шхы­ныгъуэхэр ирагъэ­цIыху, у­сэ цIыкIухэр ирагъащIэ. Бзэм, ны­пым, фащэм я махуэхэр гъэ­лъэпIэным сабийхэр къыхыдошэ! Псалъэм къыдэкIуэу, ди гъэсакIуэхэм Ныпым и махуэм ирихьэлIэу гъэсэнхэм нып цIыкIухэр я IэкIэ ирагъэщI. Ар сабийм и гум ихужынукъым. 
Бзэм и Iуэхум теухуауэ зы «ауэ» щыIэщ. Сабий садым щедгъэлъа­гъумрэ зэхедгъэхымрэ, унэм щы­щIагъэбыдэжын хуейщ. Унагъуэм анэ­дэлъхубзэ щызэхамыхмэ, анэ­дэлъ­хубзэкIэ мыпсалъэмэ, хэп­лъэгъуэ мэхъу. Адэ-анэ куэд я бынхэм урысыбзэкIэ йопсалъэ. Абы Iэмал хуэдгъуэтыркъым. 
- Илъэс къихьам мурад хуэфщIа?
- Мазаем «Илъэсым и гъэсакIуэ» зэпеуэр екIуэкIынущ. Абы зыхудогъэхьэзыр. Мы­дэкIэ, сабийхэм папщIэ длэжьхэм зэпыу иIэкъым, зэманыр щIэщыгъуэ зэращытщIын, гъэсэныгъэ зэра­хэтлъ­хьэн - аращ ди гупсысэр зытеухуар. 

 

Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: