Къэзахъстаным

 ЩIышылэм и 2-7 махуэхэм Къэзахъстаныр зыхэта бэлыхьым зэрыхэхуари щIыхэхуари дэ нэгъэсауэ къытхуэлъагъуну къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ, политикэм епха дэтхэнэ Iуэхугъуэми хуэдэу, утыку илъыр зыщ, а псор зезыгъакIуэ къарухэр щIэхъумащ. ИтIани, щIы хъурейм и зы кIапэм щекIуэкI гузэвэгъуэр сэ зэи къыслъэIэсынукъым жыпIэн ипэкIэ, зыгурыбгъэIуэфым нэс уIэбэу, уи щIыналъэми мыхъумыщIагъэм гъуэгу зэрыщумытыным уегупсысын хуейщ.
 Iуэхум къызэрищIидзар щхьэусыгъуэ къызэрыгуэкIкIэщ. 2022 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ Къэзахъстаным газ ткIуаткIуэм и уасэр щыдэуеящ: къэзахъхэр зэрыбжэ «тенге»-мкIэ, 60 зи уасэ газ литрым зэуэ I20-рэ и уасэ хъуащ. Ар ямыдэу уэрамым къыдыхьа цIыхухэр мамыррэ Iэщэншэу я унафэщIхэм я пащхьэ ихьэу уасэр ирагъэхуэхыжын фIэкIа, нэгъуэщI мурад ямыIауэ жаIэ. Къэзахъстаным и къухьэпIэ лъэныкъуэм хуэзэ Жанаозен къалэм щыщIидзэри, зэрыхьзэрийр хуэм-хуэмурэ Нур-султан щыхьэрым нэсащ. Уэрамым къыдыхьэхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпыту екIуэкIыурэ, гуп-гуп зэрыгъэхъуахэм хуэмурэ тыкуэнхэр якъутэн, машинэхэр, ухуэныгъэшхуэхэр ягъэсын, унэхэр зэтракъутэн щIадзащ. ЗыкъэзыIэта цIыхухэм зытрагъэчыныхь Iуэхугъуэхэм язт Назарбаев Нурсултан Къэзахъстаным и правительствэм хэкIыжыпэныр. Сыту жыпIэмэ, илъэс 30-м и кIуэцIкIэ къэралыр зи унафэм щIэта лIыщхьэм IумпIэр нахуэу имыIыгъыж щхьэкIэ, щIыналъэм щызекIуэ мылъкур зи IэмыщIэ илъыр абырэ и унагъуэмрэщ, жаIэрт. Iуэхум кIэлъыплъахэм я нэгу щIэкIащ Назарбаевым зэрыпсэууэ хуагъэува фэеплъхэр къызэрыракъутэхам.
 Зи къарум щымыгугъыж Къэзахъстаным и унафэщIхэр Урысейм и Президент Путин Владимир дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуну елъэIуа нэужь, ОДКБ зэгухьэныгъэм и дзэхэр щIышылэм и 6-м щIыналъэм ихьащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ОДКБ фIэщыгъэр зезыхьэ зэгухьэныгъэм иджыпсту къэралитху хохьэ: Урысейр, Къыргъызыр, Къэзахъстаныр, Таджикистаныр, Армениер.
 Къэзахъстаныр зэтракъутэу, абы езыхэм я тепщэгъуэр щагъэувыныр зи плъапIэ къарухэр я мурадхэм зэрыкIэлъеIэр гурыIуэгъуэ хъуакIэт. Аращ къэралым и президент Токаев Къасым-Жомарт «Iэщэ зымыгъэтIылъым феуэ» жиIэу, унафэ ткIий къыщIыдигъэкIар. ЩIышылэм и 7-м Къэзахъстаным зэхэуэхэр щыбэяубжри, щIышылэм и I5-м ирихьэлIэу, ОДКБ-м игъэкIуа мамырщIэкъу 2600-р къэралым ирашыжакIэщ.
 Уигу къэбгъэкIыжыну гъэщIэгъуэнщ ОДКБ-м и сэлэтхэр Къэзахъстаным щихьам, США-м и къэрал секретарь Блинкен Энтони къипсэлъахэр: «Тхыдэр щыхьэт къзэрытхуэхъумкIэ, Урысейр зыщIыпIэ ихьа нэужь, къибгъэкIыжыну гугъу мэхъу».
 Урысейм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм Блинкеным и псэлъэкIэр емыкIуу къалъытащ. «Блинкен Энтони апхуэдизу тхыдэ дерсхэр фIыуэ щилъагъукIэ, - иратащ жэуап лIыщхьэм, - езым ищIэжыпхъэщ американхэр уи унэ къихьа нэужь, псэууэ укъэнэныр, уи мылъку птрамыхыныр, лей къыуамыхыныр дзыхьщIыгъуэджэ зэрыхъу хабзэр».
 Дызэрыт зэманым Къэзахъстаным хуэмурэ гъащIэр щызэтоувэж. ЦIыху мини 5-м нэблагъэ щIэпхъаджащIэхэм нэмыщI, къулыкъущIэ куэд «къэралым зэрепцIыжам къыхэкIыу» ягъэтIысащ, зызыукIыжахэр къахэкIыу. «Мамырыгъэ Iейри зауэфIым нэхърэ нэхъыфIщ» жыхуаIэращи, хэт и щIыналъи апхуэдэ гузэвэгъуэм Тхьэм щихъумэ.
 Иджыблагъэ инджылыз пащтыхь гуащэ Елизаветэ II и къуэ Эндрю-пащтыхьыкъуэм зауэлI нагъыщэхэри пащтыхь унагъуэм епха цIэ лъапIэхэри къыщIытрахыжа щхьэусыгъуэхэм язу хуагъэфащэ ар Къэзахъстаным щекIуэкIа хьэлэбэлыкъыр зи IэрыкIхэм я кIуэгъужэгъуу зэрыщытыр. НаIуэу зэрагъэкъуаншэр бзылъхугъэ зэригъэпуда щхьэусыгъуэм и закъуэ хуэдэу щытми, ипэжыпIэкIэ пащтыхь гуащэм и къуэр «и напэ зытрихыжащ» зыхужаIэ цIыхухэм я щапхъэщ. Апхуэдэ щIыкIэу Назарбаевым и унагъуэр зыгъэжэкъуа инджылыз пащтыхь унагъуэм Къэзахъстаным къыщыхъуа Iуэху мыщхьэпэхэм захиухеикIыжу хуагъэфащэ. ЖытIэм и щыхьэту къоув Инджылызым и премьер-министру щыта Кэмерон Дэвид къипсэлъахэр: «Ирикъунщ Инджылызыр Къэзахъстаным къыщадыгъуа ахъшэхэм я тхьэщIыжыпIэу зэрыщытар».

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: