ПIалъэкIэ лъэмыж тралъхьэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ «Кавказ» Р-217-нэ гъуэгум Шэ­джэм псым пIалъэкIэ щытралъхьэ лъэ­мы­жы­щIэр. Ар гъуэгум автомаши­нэхэр щы­зэтримыхьэн папщIэ яу­хуэ икIи зэман гъу­нэ­гъум яухынущ. 

Шэджэм псым телъа лъэ­мыжышхуэр зэ­рагъэ­пэ­­щыжыху гъуэгу­ры­кIуэ­хэр къы­­зэтемы­гъэу­вы­Iэным и хэкIы­пIэщ ар. Шэч хэлъкъым куэд дыдэ абы зэрыщыгуфIыкIынуми.
Жьы хъуа лъэмыжыр мардэ псоми изагъэу, ­метриткIэ нэхъ бгъуэуэ ящIыжыну я мурадщ. Дауи, абы мылъкурэ ­къарууэ текIуэдэнур мащIэкъым.
Гъуэгум и 443-нэ ки­лометрым деж телъ ижьы­рабгъу лъэмыжыр 2022 гъэм и фокIадэм яухынущ. 

 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться: