Къэбэрдей-Балъкъэрыр бжьыпэр зыIыгъхэм яхэтщ![]() ЩIыуэпс хъыбархэр «Урысейм и псыр» урысейпсо зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэр хэплъэжащ 2021 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм икIи наIуэ къэхъуащ япэ увыпIи 10-м хэхуа щIыналъэхэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди щIыналъэм иIыгъщ 9-нэ увыпIэр. БлэкIа илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и псы Iуфэхэр гъэкъэбзэным хэтащ цIыху мин I3-м щIигъу. Абыхэм псы Iуфэ километр 430-рэ ягъэкъэбзащ, зэхуахьэсащ кIэрыхубжьэрыху тонн бжыгъэхэр. Iуэху щхьэпэр къыхэзылъхьари езыгъэкIуэкIари УФ-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэрщ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, мыпхуэдэ лэжьыгъэм цIыхухэр кIэщI-кIэщIурэ къыхэшапхъэщ, щIыуэпсым етх леймрэ ар къызэрыдэфыкIыжымрэ гу лъатэн, дунейр хъумэн зэрыхуейм я бынхэр щIапIыкIын папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





