Мывэ лъапIэм и хъыбар
- Мы мывэр IыхьитIу зэгуэбуду, налмэс тыкъырыфI къыхэпщIыкI хъунущ, ауэ зэ еIусэгъуэм мывэр игъэщащэу, уасэ зимыIэ Iыхьэ цIыкIу-цIыкIуу зэбгрыщэщынри хэлъщ. Сэ абы сытегушхуэфынукъыми, уи мывэ чар къэщтэжи нэхъыфIщ. ХьэрычэтыщIэр Iуэху иIэу здэлъатэ къэрал куэдым дыщэкI Iэзэ къыщилъыхъуащ, и налмэс къэчар налкъутналмэс тыкъыритI иригъэщIыну и мураду. Зыгуэрым абы къыжриIащ Амстердам дыщэкI лIыжь Iэзэ дыдэ щыпсэууэ. ХьэрычэтыщIэр Амстердам кIуащ, лIыжьри къигъуэтащ. ДыщэкIыр мывэ лъапIэм еплъын зэрыщIидзэу, къыщыщIынкIэ хъуну адрейхэм къыжраIар къригъэжьащ. ЩIалэм лIыжьым и псалъэхэр зэпиудри, а хъыбарым зэрыщыгъуазэр, куэдым къызэрыжраIар, езым и деж къызэраунэтIар жриIащ. Абы щыгъуэм лIыжьым лэжьыгъэм техуэну пщIэр къыжриIащ. ЩIалэр арэзы щыхъум, лIыжьыр, аддэ къуэгъэнапIэм къуэс, махуэ зыбжанэ фIэкIа мылэжьа щIалэщIэр къриджэри, мывэр тIууэ зэгуиудыну елъэIуащ. ЩIалэщIэм мывэр и Iэгум ирилъхьэщ, уадэ цIыкIукIэ еуэри тIуууэ зэгуигъэхуащ. ХьэрычэтыщIэм ищIэнури жиIэнури хузэхэмыхыжу здэщытым щIэупщIащ: - Куэд щIа мыр уи деж зэрыщылажьэрэ? - Махуищ, - итащ жэуапыр лIыжьым. - Къэрал куэдым щылажьэ дыщэкIым яхузэфIэмыкIар щIалэщIэм дауэ зэрищIар? - Абы ищIэртэкъым мы мывэм и лъапIагъри, и Iэр мыкIэзызу еуэри, икъутащ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





Зы хьэрычэтыщIэ гуэрым Африкэ Ипщэм налмэс (алмаз) къыщищэхуащ, джэдыкIэ кугъуэ хуэдиз хъууэ. Ар унэм нэсыжу зэпиплъыхьа нэужь, и кур къызэрычам гу лъитэри хуабжьу и жагъуэ хъуащ. ДыщэкIым деж ихьащ мывэм ещIэн хуеймкIэ ечэнджэщыну е хуелэжьыжыну елъэIуну. IэщIагъэлIыр мывэм еплъри, и щхьэр игъэкIэрэхъуащ: