Цей (Сэхьид) Джэудэт дунейм ехыжащ![]() ЩIышылэм и 30-м дунейм ехыжащ Сирием къыщыхъуа икIи щыпсэуа дин узэщIакIуэ, егъэджакIуэ Цей Джэудэт. Цей (Сэхьид) Джэудэт Мухьэмэд и къуэр Сирием хыхьэ Джолан щIыналъэм ит Бираджэм адыгэ къуажэм дэс абэзэхэ унагъуэм 1931 гъэм щIышылэм и 31-м дунейм къыщытехьащ. ПэщIэдзэ дин щIэныгъэр КъунейтIрэ щызригъэгъуэта нэужь, Цей Джэудэт 1958 гъэм щIэтIысхьащ Мысырым щыIэ Iэл-Iэзхьэр университет цIэрыIуэм. Хьэрыпыбзэмрэ егъэджэныгъэмкIэ IэщIагъэлI хъуауэ, абы щалъхуа щIыпIэм игъэзэжри, илъэс куэдкIэ егъэджакIуэ IэнатIэм пэрытащ, бжьэ игъэхъуу, щIым телэжьыхьу, щIалэгъуалэр къепщIэкIауэ псэуащ. Дунейпсо цIэрыIуагъэ щIэныгъэлIым къезытар диныр зи тегъэщIапIэ и гупсысэхэрщ, псом хуэмыдэу, «ем екIэ пэувыжыпхъэкъым» жызыIа Ганди Махатмэ, Икъбал Мухьэмэд сымэ хуэдэ гупсысакIуэхэм я акъылэгъуу зэрыщытамкIэщ, а Iущыгъэр щиукъудия и IэдакъэщIэкIхэмрэ утыку псалъэхэмрэщ. 1966 гъэм щегъэжьауэ зэбгрыкIын щIадзащ Цей Джэудэт и лэжьыгъэхэм. 1980 гъэ лъандэрэ абы и тхылъ 12 тыркубзэкIэ зэрадзэкIащ. 1987 гъэм щегъэжьауэ дин къыхуеджэныгъэ IуэхукIэ Джэудэтыр щыIащ Сауд Хьэрыпым, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Алжирым, Ливаным, Катарым, Бахърейным, Мароккэм, Ираным, США-м, Канадэм, Германием, Франджым, Бельгием, Италием, Урысейм. Сирием къыщыхъея зауэр езыр зыдэс къуажэм къэса нэужь, 2012 гъэм Цей Джэудэт и унагъуэр и гъусэу Истамбыл Iэпхъуащ. Тыркум щыIэху щIэныгъэ конференц 80-м нэс иригъэкIуэкIащ. «Адыгэ Ганди» зыфIаща узэщIакIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрми къакIуэри, муслъымэн цIыхубэм яхуэзауэ щытащ. ЩIэныгъэлIыр щыщIалъхьащ Истамбыл дэт КъараджэIэхъмэт кхъэлъахэм. ЖэнэткIэ Алыхьым игъэгуфIэ.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
29.08.2026 - 12:41 →
Зэрагъэпэщыж икIи куэду яухуэ
| ||





