Дызэдэгуашэу, дызэрыIыгъыу

Ди щIыпIэр лъэпкъ куэдым адэжь хэку яхуэхъуа щIыналъэщ. Нэхъыжьхэм къытхуагъэна хабзэфIхэм ящыщщ лъэпкъхэр зэш пэлъытэу, зым и дамэпкъыр адрейм щIэдгъакъуэу, ди республикэм ифI къызэрыкI Iуэхухэр зэфIэтхыу дызэдэпсэуныр. Апхуэдэу хъуащ 1957 гъэм и гъатхэпэ мазэми – балъкъэр лъэпкъыр я хэку къагъэзэжыну хуит щащIыжа зэманым.

А гъатхэм ди Щхьэлыкъуэ къуажэм къыдэтIысхьауэ щытащ балъкъэр унагъуэ 26-рэ. Ахэр ипэкIэ щыпсэуа Шыкхъэ щIыпIэр зэрызэхакъутам къыхэкIыу, абыхэм псэупIэщIэу къыхуагъэлъэгъуат ди жылэр. ЖыпIэнурамэ, щхьэлыкъуэдэсхэр гурэ псэкIэ япежьащ хамэщI къикIыжа я лъахэгъухэм. Къуажэ советым и унафэкIэ, балъкъэр унагъуэхэм Iэщ иратащ, унапIэхэри къыхупачащ. Я унэ-лъапсэхэр яухуэху, ахэр унагъуэ-унагъуэкIэрэ трагуэшауэ щытащ. Адыгэхэри, урысхэри, адрей къуажэдэсхэри балъкъэрхэм ядэгуашэрт ерыскъыкIи щыгъынкIи, я Iуэхур зэрыдэкIынкIи чэнджэщ щхьэпэхэр иратырт.
Ди хьэблэм абы щыгъуэ къыдэтIысхьауэ щытащ Мечиевхэ зэдэлъхузэшыпхъур. Ахэр и бынт балъкъэр усакIуэ-уэрэдус Мечиев Кязим. Гъунэгъухэм занщIэу гунэс ящыхъуат Сэхьидрэ Шапийрэ. Ахэр нэмыс зыхэлъ цIыхут. Сэхьид гъущIыкIэхэкIхэмкIэ IэпщIэлъапщIэти, къуажэдэсхэр куэдрэ IуэхукIэ хуэкIуэрт. Къэхъуртэкъым абы зыгуэр щигъэщIэхъу, лъэкIыххэнуIамэ. Нэгу зэлъыIуха зиIэ Шапий псоми яхуэгуапэт, и жыпым IэфIыкIэ илъ хабзэти, хьэблэм дэс цIыкIухэр абыкIэ игъэгуфIэрт.
Куэд дэмыкIыу Сэхьид ЖБИ заводым лэжьапIэ увауэ щытащ. Зэдэлъхузэшыпхъум унэ ухуэн щыщIадзам, ар зэрыхьэблэу ди ухуэныгъэ хъуащ: дэтхэнэми и къару хилъхьэрт абы. Япэ щIыхьэхум сэри сыхэтауэ щытащ. Псэуалъэшхуэм и щIыбагъ фундаментыр сэрэ Дзагуэ Мухътаррэ зэтетлъхьауэ щытащ. Шапий IэфIу тхуэпщафIэрт щIыхьэху махуэхэм. Иджыри си Iум иту къысщохъу абы игъэва кIэртIофым и мэр…
 А гъэ дыдэм и бжьыхьэм Сэхьид унагъуэ хъуащ. Абы щхьэгъусэу къыхихат Белая Речкэ жылэм щыщ Биттировэ Марьям. НысащIэр къашэну Щхьэлыкъуэ икIа щIалэ гупым сащыщт сэри. Апхуэдэу япэ дыдэ балъкъэр хьэгъуэлIыгъуэ сыхэтауэ щытащ. ИужькIэ мызэ-мытIэу апхуэдэ гуфIэгъуэхэм сыщыIащ. Сызыщылажьэ курыт школым и профсоюз зэгухьэныгъэм срипашэти, ди балъкъэр егъэджакIуэ пщащэхэр унагъуэ ихьэмэ, гупыр сшэрти сыкIуэрт. Апхуэдэ гуфIэгъуэ Iэнэм дыщысауэ щытащ пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэ Султановэ Надеждэ Чочаевхэ щашам щыгъуэ, иужькIэ ди пионервожатэ нэхъыжь Гаевэ Рахьимат Созаевхэ я нысэ щыхъуам.
Сэ сызиунафэщI классым щIэсащ 1957 гъэм ди деж къэIэпхъуэжа балъкъэрхэм я бын куэд. Къапщтэмэ, ди гъунэгъу Шапий и сабийхэу Хъайбаррэ Тонякэрэ, Сэхьид ипхъухэу Любэрэ Жаннэрэ, абыхэм я Iыхьлыхэу Хъызыррэ Таукъанрэ. ГъэщIэгъуэныракъэ, ахэр псори фIырэ фIы дыдэу еджащ. Жаннэ курыт школыр дыщэ медалкIэ къиухауэ щытащ, адрейхэми еджэныр щытхъу пылъу зэфIагъэкIащ, гъащIэми я увыпIэ щагъуэтащ. ТIэкIу гугъу сыдехьауэ щытащ Хъызыр. Ар хунэсатэкъым курыт школыр Къыргъызым къыщиухыжыну: дзэм къулыкъу щищIэну ираджат. Къулыкъур щиухам щыгъуэ, и унагъуэр хэкум къэIэпхъуэжакIэти, езыри абыхэм къакIэлъыкIуэжат. Куэдрэ тегушхуакъым школым щIэтIысхьэжу и еджэным пищэну: и теплъэкIэ адрей ныбжьыщIэхэм къахэщынут. ИтIани, апхуэдизу щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэти, а Iуэхум тегушхуащ. Сэри адрей ди егъэджакIуэхэри дыдэIэпыкъуащ щIалэ ерыщым и мурадыр къехъулIэнымкIэ. Абы жиIэрт дохутыр IэщIагъэм ехъуапсэу. Апхуэдэуи хъуащ. Курыт школыр фIы дыдэу къиухри, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) дэт медицинэ институтым щIэтIысхьащ. Абы дохутыр IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ, иужькIэ Ленингради и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ.
 Къахуиуха бэлыхьым къелри, а лъэпкъыр апхуэдэу ди гъащIэм къыхыхьэжащ. Сэ а лъэхъэнэм сцIыхуа балъкъэр куэдым къахэкIащ щIэныгъэлI Iэзэхэр, IэщIагъэлI гъуэзэджэхэр. НобэкIэ ахэр, ди республикэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми хуэдэу, зыужьыныгъэм и гъуэгум тетщ.

 

КОММОДОВ Геннадий.
Поделиться: