Сытым деж жыгыр щыдахэр?

Щапхъэ  зытрах  унагъуэ

Налшыкдэсхэми абы ще­джэ-щы­лажьэхэми, щIэх-щIэ­хыурэ IуэхукIэ къалэм къа­кIуэхэми ящыщу хэт зымыцIыхур Кулиев Къайсын и цIэр зе­зыхьэ уэрамым тет «Тамерис» шхапIэ ­хъарзынэр?! Ахэр зей зэ­щхьэгъусэхэу Едыдж Ни­хьаирэ Шыкуэ Шукранрэ хуэ­дэ цIыху зэщIэ­къуарэ дахагъэр зи плъапIэрэ уагъэлъы­хъуэнщ.

АР НАIУЭУ къегъэ­лъагъуэ ка­фем и пщIантIэм: удз щхъуэ­кIэплъыкIэхэмрэ къэ­кIыгъэ дахэхэмкIэ зэрыгъэщIэрэщIам и закъуэкъым гъэщIэгъуэныр, а псор зыгуэрым пщIэкIэ ирамыгъэщIу езы тIум зэрыхасэрщ, зэрызэрахьэрщ. Дапщэрэ ­уа­хуемыблагъэми, е Нихьаи, е Шукран пщIантIэм дэтщ, удз­хэм, жыгхэм псы щIакIэри. Япхъу Тамериси, я ­къуэ ­Едыджи езыхэм къадолажьэ, я адэ-анэм я щIэгъэкъуэн нэсщ.
Я ерыскъыр зэрыIэфIращ, шэч хэмылъу, а шхапIэм цIыхухэр езышалIэр. Абы и щэхур Нихьаии Шукрани фIы дыдэу ящIэ. Шхын нэхъ узэдыгъуэ мыхъун зэрыщымыIэр ­тIуми ­къагуроIуэри, япщэфIа псори я щхьэкIэ ­къапщытэ.
Зэгуэр хэхэсу щытащ Нихьаи и уна­гъуэр. Тырку Республикэм хыхьэ Анталие къа­лэм епха Елэмэ къуажэм 1945 гъэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIум цIыху псори адыгэбзэкIэ псалъэу къыщыхъурт, я унагъуэм, я ­къуажэм арат щызекIуэри. ЕджапIэ щIэтIысхьэу и зэхэщIыкIым зиужьа иужь, абы къи­щIащ дунейм лъэпкъ куэд зэрытет­ри, адыгэхэр Тыркум зэрыщыхэхэсри. Ауэрэ къыдэкIуэтейри, нэгъуэщI къа­лэхэм щыпсэу адыгэхэми яхуэзащ. Псори зэзыгъэзахуэ щIалэ цIыкIум адыгэлI нэс къыхэкIыну иухат. ЗэхэщIыкI гуэр иIэ ­хъууэ балигъыпIэ зэриувэрэ Нихьаи лъэпкъ Iуэху зэрехуэ, ар зэи IэщIыб имыщIауэ. И ныбжьыр илъэс тIощI щрикъум ­Анталие Хасэ къыщызэIуи­хауэ щытащ абы, зыми жаIэм емыда­Iуэу, и щхьэр хилъхьэнкIэ зэрыхъу­нуми имыгъэшынэу. «Къурмэну яукIхэм я фэхэр тщэурэ, илъэсищым и кIуэцIкIэ ахъшэ зэхуэтхьэсри, Хасэм IуэхущIапIэ къыхуэтщэхуат. Абы щы­гъуэм цIыхуи 100 - 150-рэ хуэдиз къекIуалIэрт, иджы куэдкIэ нэхъыбэщ», - щыжиIауэ щытащ Нихьаи и интервьюхэм я зым. А Хасэм Нихьаи илъэс 27-кIэ щылэжьащ, тхьэмадэу, тхьэмадэм и къуэдзэу, бухгалтеру.
Сыт хуэдизу адыгэм и гъащIэм ухэ­мытми, хамэ щIыпIэм ущыхэхэсщ, уи быным сыт хуэдизу адыгэбзэр иумыгъащIэми, уэрамым щызэхах хамэбзэр и гущIыIу къохъу. Ар фIы дыдэу къыгурыIуэрт Нихьаи. КъыгурыIуэм и мызакъуэу, Хэкум кIуэжын зэры­хуейр, мыкIуэжмэ зэрыкIуэ­дынухэр и щхьэм илъ зэпытт. Зэгъэпщэныгъэ гъэщIэ­гъуэнщ Нихьаи къихьыр: «Ар зэзгъэщхьри? Жыгыр щыдахэр, пыкIэ щиIэр, зыщиужьыр, и лъабжьэр щIым хэтмэщ. Апхуэдэщ адыгэри, лъэпкъыр дахэ, екIу, лъэщ щыхъунур и хэку исыжмэщ, абы къудамэхэр къыщыдэжыжмэщ».
И гъунэгъухэм, лъэпкъэгъу­хэм яж­риIэрт Хэкум кIуэжын гупсысэр зэригъафIэр. Арщ­хьэкIэ нэхъыбэм къа­гу­рыIуэртэкъым, Нихьаи и унагъуэм­ мылъку нэхъ иIэти, ар къи­гъанэу ­гъуэгу къытемыхьэну, псори къигъап­цIэу къызыщыхъухэри щыIэт. «Сэ сигу­рэ си щхьэрэ зэтелъти, цIыхум жаIэм тесщIыхьIатэкъым», - игу къегъэкIыж Нихьаи.
1989 гъэм Едыджхэ я хъы­джэбзыр еджакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым къагъэкIуащ. Япэ дыдэ Тыркум къикIыу Налшык къэкIуа студентыр Тамерисщ. Пщащэм унэ къыхуащэхуауэ Налшык щеджэу, и анэр пенсэм кIуати, я щIалэ Едыджи ин мыхъу щIыкIэ Хэкум изэгъэжмэ нэхъ къищтэри, Нихьаи и унагъуэр къигъэIэп­хъуащ. Езыр пенсэм кIуэху илъэситIкIэ Тыркум щылэжьэжри, 1995 гъэм и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ ­ гъусэ закъыхуищIыжауэ нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэ жыхуаIэ унагъуэ дахэ дыдэу мэпсэу.
Хэкур зэрынэхъыфIыр хэкурысхэми хамэ къэрал щып­сэухэми ящIэ, арщ­хьэкIэ зыкъаIэту къыщIэмыкIуэжыфым, хэкужьым къихьэжар тыншу­ лъэпкъым зэрыхэмызэгъэ­жым и щхьэу­сыгъуэ нэхъыщ­хьэр зэпхар мылъку­ращ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, Едыджхэ зыхэпсэукIын мылъкуи яIэщ, я бынхэр зыхуей хуагъазэу уна­гъуэ щхьэхуэу ягъэтIысыжынуи Iэмал ягъуэтащ.
Тамериси Едыджи щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтащ, я IэщIагъэм иримылажьэми. Хъыджэбзыр Цейхэ я нысэщ, пщащитIрэ зы щIалэрэ яIэщ - Дижан, Сэжан, Синэмис. Едыдж зы къуэрэ пхъуитIрэ иIэщ - Лъэпщ, Уэрэд, Данэпс.
Унагъуэ дахэм и лъабжьэр щIэбыдэр зэщхьэгъусэхэр зэгу­рыIуэ зэдэIуэжу, зым Iэпыхур адрей къищтэжу, зы лъэныкъуэкIэ плъэуэ, зы гупсысэм  тIури тету илъэс куэд щIауэ къызэрызэдэгъуэгурыкIуэрщ. Езы Нихьаи и псалъэкIэ жытIэнщи, «унагъуэр зыгъэбжьыфIэри, пщIэ Iуэхум псэ хэзылъхьэри а зэгурыIуэныгъэрщ».
Ди гуапэщ хэхэс адыгэхэми, зи хэку­ къэзыгъэзэжа­хэми, хэкурысхэми куэдкIэ щапхъэ яхуэхъу унагъуэ ­дахэр дя­пэкIи бжьыфIэну, я ­бынкIи абыхэм я быныжкIи гуны­къуэгъуэ ямыIэу, узын­шэу, ­гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ ябэу псэуну, Хэкум гу щахуэну.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: