Республикэм и медиахолдингым и унафэщI Бежан Беслъэн«КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIу мазаем и 17-м ягъэуващ иужь лъэхъэнэм абы и къалэнхэр зыгъэзэщIа Бежан Беслъэн. Къэбэрдей-Балъкъэрым и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм Бежан Беслъэн фIыуэ къыщацIыху икIи пщIэ къыщыхуащI. Абы лэжьэн щыщIидзащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым. ИужькIэ, 2010 гъэм, КъБР-м ЩIалэгъуалэ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и къэрал комитетым и IэщIагъэлI-къэпщытакIуэ пажэ хъуащ. А илъэс дыдэм ягъэуващ КъБР-м ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ къэрал комитетым и къудамэм и унафэщIу.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|