Къарей Элинэ и гъэлъэгъуэныгъэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зе­зыхьэ музейм мы махуэхэм щагъэлъагъуэ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, сурэттех Iэзэ Къарей Элинэ и IэдакъэщIэкIхэр.

Пщащэр сурэттех къызэ­рыгуэкIкъым жыпIэкIэ ущыуэнукъым. Уеблэмэ а IэщIагъэр сом къэлэжьыкIэ къудейуэ къэзыгъэсэбэп куэдым ящыщкъым. И ныбжькIэ зэрыщIа- лэм емылъытауэ, ар зи хъэтI, Iуэху еплъыкIэ зиIэж цIыхущ. Нэхъыщхьэращи, абы и лэжьыгъэхэм адрейхэм къахэзыгъэщхьэхукI нагъыщэ яIэщ, жы­пIэнурамэ, Элинэ сурэт техыным езым и лъагъуэ щиIэжщ. Пасэрей унэхэм я бжэ-щхьэгъубжэхэм сурэт ­трихыурэ зэрызэхуихьэсым куэд щыгъуа­зэщ. ИгъащIэкIэ гу зылъумытэну Iуэхугъуэхэр къеубыд пщащэм. Апхуэдэщ творческэ цIыху жыхуаIэр.
«Взаимосвязи: Бес­соз­на­тель­ная живопись» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэр ще­кIуэкI пэшым узэрыщIы-хьэу укъоуIэбжь. ЯпэщIыкIэ гу зы­лъыптэр плъыфэхэм я ­джэ­гукIэрщ. Ди лэжьэгъум и су­рэтхэр утыку къыщрихьэм ­къигъэсэбэпа Iэмалыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым.
Музейм и гупэ пэшым па­сэрей унэхэм я блынхэм зэманым трищIа «тхыпхъэхэр» щыдолъагъу. Зэманым иуфэкъуа унэжьхэм я хъыбарыр а сурэтхэм къыбжаIэ хуэдэщ. ­Нэхъ пэш жыжьэм щыфIэ­-дзащ гъащIэм и щэху куэд - ­хабзэ, щэнхабзэ, псэукIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэ - зыгъэпщкIу пасэрей унэхэм я бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ. Уеблэмэ ахэр япэм щыIа щхьэгъубжэнэхэм зэ­рырибзэжам уи гупсысэр къегъэукъубей. ЩIагъыбзэ зырыз зиIэж сурэтхэм апхуэдизкIэ узэIэпашэри, бжэр къыIупхыу абы щыгъэпщкIуар къэпщIэну, щыщ ухъуну уагъэхъуапсэ. Зэманым и сурэт пхуэмыщIыну къэзылъытэ ­щы­Iэмэ, Элинэ ейхэм иры­реплъ!
 Лондон, Ригэ, Таллин, Каир, Тбилиси, Баку, Налшык къалэхэм, Аб­хъазым, нэгъуэщI щIы­пIэ куэдми Къарейм щыт­риха сурэтхэм лъэпкъ, дин, хабзэ, бзэ куэд щызэхуэхьэсащ. Ди зэманым унэхэм хагъэувэ бжэ-щхьэгъубжэхэр абы щыпсэухэм я беягъым и щыхьэтмэ, пасэ лъэхъэнэм псэуахэм яIа хэдэ­хэплъэмрэ IэпэIэсагъымрэ на­Iуэ тщещI гъэлъэ­гъуэныгъэм.
- Къэбэрдей уэрамым тет унэжь­хэм яхэлъ бжэ-щхьэгъубжэхэращ япэу гу зылъыстауэ щытар, - къыджеIэ Элинэ. - ЗэпыщIэныгъэ зимыIэ дунейм зыри теткъым. ЦIыхум цIыху къелъыхъуэ, мафIэм жьы щIэ­мыпщэмэ, блэнукъым, щIым псы имыIэмэ - псэншэщ. Ап­хуэ­дэу, унэ къэс бжэ-щхьэгъубэ хэлъыныр Iэмалыншэщ, арыншамэ, ар унэ ирикъурэ?
СурэтыщIым и гупсысэр лэчкIэ къигъэлъагъуэмэ, сурэттехым ейр и сурэтхэм къаIуа-        тэ, ухуейрамэ, ар зэманым и ­хъумакIуэщ, IуэтэжакIуэщ.
Кандинский Василий и лэ­жьыгъэхэм дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъэм, зэхэ­лъы­кIэм набдзэгубдзаплъэу сыпкъ­рыплъыхьу срагъэсащ. Кхъахэ хъуа унэхэм зэман нэпкъы­-жьэу ятелъым си лэжьыгъэм сытрагъэгушхуэ. Дунейр къы­щызэхэскIухьым гу лъыстащ цIыхухэмрэ ахэр щыпсэу щIы­пIэхэмрэ яIэ зэпыщIэныгъэр. Лъэпкъ щхьэхуэм и щыIэкIэ- псэукIэр и ухуэныгъэхэми ­къы­тощ. Апхуэдэу, къуэкIыпIэ лъэныкъуэм щыпсэухэм я бжащ­хьэхэр зэфэзэщу адакъэ-        кIэу къэгъэшащ, Европэм ды­зэса бжэ плIимэхэрщ щыхалъ­хьэр. Ипщэ лъэныкъуэм щып­­сэухэм нэм къыщIэуэ плъы­фэхэмкIэ я бжэхэр лащ. Бжэ къэс гъащIэ, гурыгъу-гурыщIэ къуэгъэпщкIуащ.
Сэ сыхуейт цIыхухэр архитектурэм хуэсакъыну къыхуезджэну, блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ, зыщIэж я бжэхэр яхъумэну.
Къарей Элинэ УФ-м и Жур­налистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, «Иные» (Москва, Владикавказ), «Женщины Кавказа» (Таллин) нэгъуэщI проект ин­хэми и лэжьыгъэ щигъэлъэ­гъуащ, ар «Свой стиль» сурэттех клубым хэтщи, илъэс къэс абы къызэрагъэпэщ гъэлъэ­гъуэныгъэхэм и Iэдакъэ­щIэкIхэр утыку къыщрехьэ.
Музейм цIыхур щыкуэдт. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэ­тэкъым ди лэжьэгъум хужаIэ псалъэ дахэхэм. ШколакIуэхэм щыщIэдзауэ зи ныбжьыр хэ­кIуэтахэм деж щиухыжу псоми япэгъунэгъу гуэр къыща­гъуэтырт абы. Зи къэжэпхъы­гъуэ пщащэ цIы­кIухэм Элинэ «декупаж» IэмалкIэ, бжэ-щхьэгъубжэхэр тету, ищIа тхьэгъу телъы­джэ­хэмрэ хъыдан сумкэхэмрэ ­зыщамыгъэнщIу зэпаплъы­хьырт. Псом хуэмыдэу къы­зэхуэсахэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ музейм и жьантIэм дэт пасэрей пхъэбжэ зэIухыр. Ар Къэбэрдей уэрамым тет унэ-хэм я  зым хэлъати, Элинэ унэр зейхэм ягурыIуэри, и экспо­зицэм хигъэувэн папщIэ ­къищэхужащ. Апхуэдэу Къарейм и гъэлъэгъуэныгъэм ­дыщегъэгъуазэ бжэхэм ятеу­хуауэ ятха усэ нэхъыфIхэми.
Музейм и къудамэм и уна­фэщI Леонтьевэ Нинэ зэIу­-  щIэр къыщызэIуихым жиIащ мыр Элинэ и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса япэ гъэлъэ­гъуэныгъэу зэрыарар икIи а IуэхумкIэ ехъуэхъуащ къызэ­хуэсахэм.
- Нобэрей махуэр дэркIэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIащ, ди гу-пым щыщ пщащэм екIуу и лэжьыгъэхэр утыку кърихьа-щи. Элинэ и лэжьыгъэхэм щIагъыбзэ гуэр зэрыщIилъхьэр со­щIэри, дапщэщи а гупсысэр къызэрыслъагъуным сыху­щIокъу. Мы дуней зэхэзэ­ры­хьам, тегушхуэу апхуэдэ Iуэху къы­зэрырихьэжьам папщIэ Элинэ фIыщIэ хуэфащэу къы­золъытэ, - жиIащ «Свой стиль» фо­токлубым и унафэщI Лукьяненкэ Иван.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Руслъан и псалъэхэм кIыхь зригъэщIакъым. «Лъа­гъуэ, лъагъун, лъагъуныгъэ! Ди зэман гугъум уи лъагъуэ плъагъужу абы урикIуэныр, Элинэ хуэдэу, уи Iуэхум лъагъуныгъэ хэлъу упэрытыныр насыпыш­хуэщ. Тхьэм уригъэфIакIуэ!»
Къарейм и зэфIэкIым, и лэжьыгъэхэр нэгъуэщIхэм ­къахэзыгъэщым теухуауэ абы къы­щыпсэлъащ ди щIыналъэм щыцIэрыIуэ сурэттех Iэ­зэхэу Байсиев Ахъмэт, Ма­каев Тенджыз сымэ, нэгъуэщI­хэ- ри.
ЗэIущIэм и кIэухым Элинэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищI­ри, дэтхэнэми езым и гуапэу къыIуих бжэ гъащIэм щиIэну ехъуэхъуащ.
Гъатхэпэм и 14 пщIондэ екIуэ­кIыну гъэлъэгъуэныгъэм феп­лъыну фыкъыхудоджэ.

 

Щомахуэ Залинэ. Сурэтхэр Елъкъан Артур трихащ.
Поделиться: