Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэр ЭлектрокъарукIэ иригъэкъуным ехьэлIауэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ штабым хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2016 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м къыдигъэкIа Указ №152-УГ-мкIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр ЭлектрокъарукIэ иригъэкъуным ехьэлIауэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ штабым хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2016 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр ЭлектрокъарукIэ иригъэкъуным ехьэлIауэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ штабым хэтхэм я IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №152-УГ-мкIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Штабым хэтхэм мыхэр хэгъэхьэн:
Котченкэ Р. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунально-хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэр
Чимаев Т. Ж. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Тарифхэмрэ псэупIэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщIым и къуэдзэр;
б) Штабым хэтхэм къахэгъэкIыжын Абыкъу А. Н., Тисленкэ К. Г., Хьэмыкъуэ А. А. сымэ.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м
№36-УГ
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|