Псалъэмакъ щхьэпэ

«Урысейм и сабийхэр-2022» Iуэхум и япэ Iыхьэм хиубыдэу Налшык къалэм дэт курыт еджапIэхэу №№21, 13-хэм стIол хъурей щытыкIэм тету щекIуэкIащ школакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ псалъэмакъ щхьэпэ щыдрагъэкIуэкIа зэIущIэ.

Абы хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и оперуполномоченнэ нэхъыжь, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ, Налшык къалэм щыIэ УМВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспектор, полицэм и майор Балъкъэр Залинэ, республикэм и дин IуэхущIапIэхэм, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм я лIыкIуэхэр.

 Зэхуэзэм и купщIэ нэхъыщхьэр щIалэгъуалэр наркотикхэм демыгъэхьэхынырщ, школ-интернатым и гъэсэнхэр абы зэраныгъэу къихьым щыгъэгъуэзэнырщ, наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ игъэкIыным пыщIа щIэпхъаджагъэм щIалэгъуалэр хашэмэ къыщIэгъэщынырщ, ахэр зыщэхэр жэуапым зэрырашалIэр ягурыгъэIуэнырщ.

 Псалъэмакъ щхьэпэм хэтащ «Боевое братство» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ исполкомым и тхьэмадэ Абэнокъуэ Владимир, Горький М. и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым и артист Къуэдз Расулрэ бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Шокъум Ахьмэдрэ.

Хабзэхъумэхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ республикэм «линэ пщтыр» телефонхэр жэщ-махуэ имыIэу зэрыщылажьэм икIи абы наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэращэм теухуа хъыбар ебгъащIэ зэрыхъунум.

ЗэIущIэм и кIэухыу ныбжьыщIэхэр зыщIэупщIахэм жэуапхэр иратащ икIи къыхагъэщащ апхуэдэ зэхыхьэхэр Iэмал имыIэу зэтеублауэ егъэкIуэкIын зэрыхуейр.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: