ЩIалэгъуалэ IэнатIэщIэ яубзыху

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ ­Казбек Правительствэм и Унэм дыгъуасэ зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ щIыналъэм ис щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр зи къалэн гъэзэщIакIуэ IэнатIэ щхьэхуэ республикэм къыщызэгъэпэщыным.
Зэхуэсым къыщаIэта Iуэхум жыджэру хэтащ (ВКС Iэмалри къагъэсэбэпу) ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI ­Мусуков Алий, ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзокъуэ Му­хьэ­мэд, КъБР-м и лIыкIуэу УФ-м и Президентым деж щыIэ Быкъыш Ратмир, КъБР-м и Пра­вительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, Пра­вительствэм и финанс-экономикэ къудамэм и унафэщIхэр, Iуэхум хэтыпхъэ министерствэхэм я пашэхэр, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъухэр.
- ЩIалэгъуалэм хэхауэ ядэ­лэжьэн апхуэдэ IэнатIэ республикэм къыщызэгъэпэ­щы­ным ехьэлIа ди жэрдэмыр къыддаIыгъащ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм, - къыхигъэщащ и псалъэм КIуэкIуэ Казбек. - А ­зэгухьэныгъэр хьэзырщ ди проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIа хъунымкIэ сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпы­къуэгъу къытхуэхъуну.
Зытепсэлъыхь Iуэхугъуэм теу­хуауэ яIэ еплъыкIэхэмрэ гуп­сысэхэмкIэ зэдэгуэшащ зэхуэ­сым хэта псори. КIуэкIуэм ­абы­хэм гу лъаригъэтащ Правительствэм щIалэгъуалэм ядэ­­лэжьэнымкIэ и IэнатIэм мылъку­кIэ лъабжьэ быдэ иIэн зэры­хуейм, апхуэдэуи щIалэ­гъуалэ политикэм зегъэу­­жьынымкIэ программэ хэха зэ­рыщыIапхъэри къыхигъэщащ. Ар епхауэ щытын хуейщ щIыналъэм ще­кIуэкI гъащIэм и унэ­тIыныгъэ псоми.
Республикэм и Iэтащхьэм Iуэ­хум хэтыну дэтхэнэми пщэрылъ щищIащ ар зэрызэфIэкIыпхъэр къыщыгъэлъэгъуа «гъуэгу картэхэм» елэжьыжыну. Ап­хуэдэу хэплъэжыпхъэщ къы­зэ­рагъэпэщыну IэнатIэщIэм лэ­жьыгъэхэр зэрыщегъэ­кIуэ­-кIып­хъэ программэми.

 

 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: