Саугъэт нэхъыщхьэхэр зыIэрагъыхьэ![]() Башкирием и къалащхьэ Уфа щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 12 - 13 ит сабийхэм каратэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэм 55-м икIа спортсмен ныбжьыщIэ 800-м щIигъу. Къэбэрдей-Балкъэрым и щIыхьыр Урысей Федерацэм и зэхьэзэхуэм щахъумащ каратист 11-м. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм ди спортсменхэм дыщэ медалу тIу къыщахьащ. Къапщтэмэ, зи хьэлъагъыр килограмм 40-м нэблагъэхэм я гупым хэта псоми текIуащ икIи зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр зыIэригъэхьащ Джылаш Муслим. Апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэ къихьащ килограмм 42-рэ зи хьэлъагъ Гуэбэшы Арнеллэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2022 - 15:53 →
Дзюдом и зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ
15.05.2022 - 14:41 →
Я джэгугъуитI зэхуэдэкъым
12.05.2022 - 13:31 →
Къэралым и кубокым щIэбэнынущ
11.05.2022 - 20:19 →
Бахъсэндэсхэм я зэфIэкI хэлъу
06.05.2022 - 11:00 →
Олимп чемпионыгъэм и лъагъуэр тхухэзыша
|