Кадетхэм я зэхьэзэхуэ![]() Урысей ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и саугъэтым щыщIэбэна «Гъунапкъэхъумэхэм я ныбжьэгъу ныбжьыщIэхэр» гупхэм я республикэ зэхьэзэхуэ екIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщат Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьрэ илъэс 77-рэ зэрырикъур щыдгъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, - къет ведомствэм и пресс-IуэхущIапIэм. Зэхьэзэхуэм хэтащ кадет классхэу Прохладнэ, Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж районхэмрэ Налшык къалэрэ я школхэм щыIэхэм я еджакIуэхэр. Я ныбжь елъытауэ ахэр командэ 12 хъурт, псори зэхэту цIыхуи 100-м нэблагъэ къызэщIаубыдэу. Программэм къызэригъэувымкIэ, абыхэм къапэщылът АК-74-р зэпкърыхыным икIи зэпкърылъхьэнымкIэ, гранатэ дзынымкIэ, «Рубин» стрелковэ тренажерыр къагъэсэбэпу кIэрахъуэкIэ уэнымкIэ, РХБЗ-м (радиацэм, химие, биологие Iэщэ лIэужьыгъуэхэм защыхъумэн) и мардэхэр гъэзэщIэнымкIэ, Iэпкълъэпкъыр псыхьынымкIэ я зэфIэкI къагъэлъэгъуэну, апхуэдэуи къэралымрэ гъунапкъэхъумэ органхэмрэ я тхыдэм теухуа викторинэм хэтын хуейт. Зэпеуэм щытекIуащ Балъкъэр Ипщэ къуажэм Абаев М. и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №2-м и гъэсэнхэр, етIуанэ увыпIэр къахьащ гъунапкъэхъумэхэм я ныбжьэгъу ныбжьыщIэхэу Прохладнэ къалэм дэт курыт еджапIэ №4-м щIэсхэм, Бабугент къуажэм дэт, Депуев Хь. С. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернатым щеджэхэр ещанэ хъуащ. Зэхьэзэхуэр къыщызэрагъэпэщащ гъунапкъэхъумэ управленэм и къудамэм и къулыкъущIапIэм, школакIуэхэм зрагъэлъэгъуащ гъунапкъэхъумэхэм я Iэщэхэмрэ техникэхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
22.05.2022 - 11:22 →
Адрейхэм къахэзыгъэщ нагъыщэ
22.05.2022 - 10:35 →
ХьэкIувхэр псэ быдэт
22.05.2022 - 09:00 →
Джолан - тхыдэм и дерс
21.05.2022 - 12:28 →
БлэкIам и теплъэхэр
|