Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр тыным и IуэхукIэ

Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ куэд зэрызэфIагъэкIам папщIэ дамыгъэхэр етын «Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Краснодар дэт и университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал кIэзонэ егъэ­джэныгъэ IуэхущIапIэм Урысейм и МВД-м и лэжьакIуэхэм я IэщIагъэм щыхагъахъуэ и Кавказ Ищхъэрэ институтым мы къыкIэлъы­кIуэ и лэжьакIуэхэм:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр
Чэрим Амур Владимир и къуэм - IэщIагъэм хуегъэджэжынымрэ щIэныгъэм хэгъэхъуэнымкIэ факультетым и унафэщIым
Настуев Исса Мухьэмэд и къуэм - тылымкIэ унафэщIым;

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и юрист»
цIэ лъапIэр яфIэщын
Голяндин Николай Пётр и къуэм - дисциплинэ хэхахэмкIэ кафедрэм и профессорым
Махуэ Эдуард Мухьэдин и къуэм - институтым и унафэщIым и къуэдзэм
Хьэмгъуокъу Мурадин Мухьэмэд и къуэм - Iэщэ IуэхухэмкIэ кафедрэм и унафэщIым.

        Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
        и Iэтащхьэ                         КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм накъыгъэм и 27-м
№50-УГ

Поделиться: