ЕджапIэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ

Лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ къызыхуэтыншэу гъэзэщIэным ди республикэм гулъытэшхуэ щегъуэт. Псом хуэмыдэу лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI егъэджэныгъэ IэнатIэм. Апхуэдэу, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр и лъабжьэу, Бахъсэн къалэм и «Кооператор» хьэблэм щаублащ курыт школыщIэм и ухуэныгъэр.

Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, хьэблэщIэм зи лъабжьэр щагъэтIылъ еджапIэщIэм щIэхуэнущ ныбжьыщIэ 1224-рэ.  ГектаритIым зыщызыукъуэдиину школыр, и пщIантIэри хэту, къатищу зэтетынущ. Метр зэбгъузэнатIэ 26064,6-рэ хъуну еджапIэр иджырей мардэхэм хуэкIуэу щытынущ. Абы иIэнущ цIыху 560-рэ зыщIэхуэну, зэхуэс зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкIыфыну пэшышхуэ, хореографиемкIэ къудамэ, макъамэ Iэмэпсымэхэр щахъумэну щIыпIэ, зыхуэпапIэрэ зытхьэщIыпIэрэ. 

 КъинэмыщIауэ, школым иIэнущ спорт пэшышхуэу тIу, еджакIуэ 400-м щIигъу зыщIэхуэну лекционнэ пэш, щылъащэ, щыпхъащIэ мастерскойхэр, дэрбзэр IэщIагъэмкIэ, унагъуэр зехьэнымкIэ пэщIэдзэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт къудамэхэр, нэгъуэщIхэри. Спортымрэ физкультурэмрэ дахьэх  школакIуэхэм  папщIэ абы и пщIантIэм щаухуэнущ спорт губгъуэшхуэм нэмыщI, воркаут-утыкухэр, турник зэмылIэужьыгъуэхэр иту.

Зыхуей-зыхуэныкъуэ псомкIи къызэгъэпэщауэ щытынущ еджапIэ пэшхэр, шхапIэмрэ медицинэ IэнатIэмрэ, лабораторэ щхьэхуэхэр,  нэгъуэщIхэри. Иджырей техникэмрэ технологие пэрытхэмрэ шэщIауэ къыщагъэсэбэпыфын хуэдэу, зыхуэныкъуэну коммуникацэ псори иIэнущ еджапIэщIэм.

ЩIэныгъэфI зэбгъэгъуэтынымкIэ, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэми хуэIэижь ухъунымкIэ Iэмалышхуэхэр зиIэ IуэхущIапIэщIэщ «Кооператор» хьэблэм къыдэувэну школыр. УхуакIуэхэм мы зэманым абы хухаха щIыпIэр лэжьыгъэхэм хуагъэхьэзыр: ар зэтес ящI, унэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъыным яужь итщ. Абыхэм зэрагугъэмкIэ, школыщIэр хьэзыр хъунущ 2023 гъэм и дыгъэгъазэм.

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: