НэхъыфIхэр ягъэгушхуэ

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым ща­гъэ­лъэпIащ республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэ­зыщIхэр.

- ЗэрыфщIэщи, Урысейм и махуэр ди зэкъуэтыныгъэм и да­мыгъэщ, къэралым и къэкIуэнумкIэ жэуап зэрытхьыр зыхыдэзы­гъащIэщ. Абы къыхэкIыу жысIэну сыхуейт нобэрей зэIущIэр махуэшхуэм зэрырихьэлIам мыхьэнэ зэриIэр, - жиIащ КъБР-м и ­Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. - Дауи, иджыпсту зэ-ман тыншкъым дызыхэпсэукIыр икIи лъэпощхьэпо щыIэхэр къы­зэрызэднэкIыфым елъытауэ щытынущ дунейпсо тхыдэр зыхуэдэнур. Апхуэдэ лъэхъэнэхэм деж дэтхэнэ зыми, шэч хэмылъу, нэхъ зыхыдощIэ дызэгурыIуэу хэкум хуэщхьэпэн Iуэхухэр зэредгъэ­кIуэкIыпхъэр. Хэкум дызэрыхуэпэжыр наIуэ къищIу къызолъытэ, псалъэм папщIэ, КъБР-м и Парламентым и щIыхь тхылъхэр еттыну нобэ къедгъэблэгъахэр я лэжьыгъэм псэемыблэжу зэрыбгъэдэтми. Нобэ зэхуэтшэсащ, къапщтэмэ, республикэм и IэнатIэ псоми щылажьэ, ехъулIэныгъэфIхэр къыщызыгъэлъагъуэ цIыхухэр. Шэч къытесхьэркъым дэтхэнэми жэуаплыныгъэ зэрыфхэлъымрэ зэ­фIэкI зэрывиIэмрэ. ЩIыналъэр, къэралыр егъэфIэкIуэным фы­пэрытщ фи зэманрэ къарурэ фыщымысхьу, гурэ псэкIэ. Фэ махуэ къэс вгъэзащIэ къалэнхэрщ цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI, шына­гъуэншэ, гъэщIэгъуэн зыщIыр. Аращ фи Iуэхум пашэ фыщызы-щIыр икIи сыщогугъ фи ехъулIэныгъэхэр адрейхэми щапхъэ яхуэхъуну. Си гуапэу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, зэIузэпэщу, бэIутIэIуншэу фыпсэуну.
Къыхэгъэщыпхъэщ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр КъБР-м и Парламентым и V, VI зэхуэсхэм я депутату щыта, Налшык къалэм и ку­-        рыт еджапIэ №2-м и унафэщI Пешковэ Людмилэ зэрыхуагъэфэщар. Апхэуэдэуи УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и Аппаратым и ЩIыхь тхылъыр иратащ КъБР-м и Парламентым и Аппаратым хъыбарегъащIэ-технологие IуэхухэмкIэ и ­къудамэм и унафэщI Мэкъуауэ ФатIимэ.
КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ республикэм узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, социальнэ Iуэхухэм, экономикэм, шынагъуэншагъэм епха и IэнатIэхэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм, КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и центрхэмрэ я IэщIагъэлIхэм.
Ди гуапэ зэрыхъунщи, ягъэпажахэм яхэтщ ди лэжьэгъухэри. Журналистикэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIым папщIэ, КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» телеканалым «ХъыбарыщIэхэр» и программэм елэжь ре­дакцэм и редактор нэхъыщхьэ Хъуэст Алим. Апхуэдэуи КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр иратащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор НэщIэпыджэ Замирэ, «Кабардино-Балкарская правда» газетым и корреспондент Васинэ Вероникэ, «Заман» газетым и редактор Таппасхановэ Аминат.
Псоми дохъуэхъу адэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр яIэну.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: