ЯщIамрэ къапэщылъымрэ теухуауэ

Иджыблагъэ Пятигорск къалэ щызэIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м и Президентым и полномоченэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ ЩIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрийрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ Урысейм къытралъхьа санкцэхэр КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм зэран хуэмыгъэхъуным. 

КIуэкIуэр а зэIущIэм щытепсэлъыхьащ УФ-м и Президентым къигъэува унафэхэр КъБР-м зэрыщагъэзащIэмрэ ди щIыналъэр мы гъэм илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ ирагъэкIуэкIыну дауэдапщэхэм зэрызыхуагъэхьэзырымрэ. 
- Мы гъэм къриубыдэу егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэмрэ спортымрэ я IуэхущIапIэ 70-м нэблагъэ зыхуей хуэдгъэзэну ди мурадщ. Абы къищынэмыщIауэ, КъБР-р илъэси 100 зэрырикъур щыдгъэлъэпIэнум ирихьэлIэу зэфIэдгъэкIынущ къалэм щекIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэр, зыхуей хуэдгъэзэнущ цIыхухэм зыщагъэпсэху щIыпIэхэр. Налшык къалэм и хьэблэщIэхэм ухуэныгъэшхуэхэр щыдогъэкIуэкI. Гулъытэ хэха худощI хьэрычэтыщIэхэм я лэжьэкIэм зегъэужьыным. Къапщтэмэ, мэкъумэшыщIэхэм дазэрыдэIэпыкъу сом меларди 2 яхухэтхащ. Абы и фIыгъэкIэ вэнсэныр и чэзум зэфIэкIащ, щIыгъэпшэри жыли тхуэчэмкъым, щIыр зыхуей хуэгъэзащ, гъавэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ щытхъумэну гъэтIылъыпIэхэр къызэдогъэпэщ, - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.
Туризмым щытепсэлъыхьым, КIуэкIуэм къыхигъэщащ я нэгу зрагъэужьыну, загъэпсэхуну республикэм къакIуэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуар. Iэтащхьэр щыхьэт техъуащ зыгъэпсэхупIэхэм зегъэужьыным нэхъапэIуэкIэ хуаутIыпщауэ щыта мылъкум фIы къызэрыпэкIуар, яубзыхуа лэжьыгъэми зэрытетыр.
 

 

КъБР-м и Правительствэм и Iэтащхьэм и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: