Пэжыгъэ

Адыгэ хъыбарыжь

Къуажэ гуэрым зэныбжьэгъуитI дэст. «Я псэр зы чысэм илъщ» жаIэрт абыхэм щхьэкIэ. Зэгъусэу гъуэгуанэм зэдытехьэрт, зэгъусэуи къагъэзэжырт. Ауэрэ тIуми зы хъыджэбз гуэр фIыуэ ялъэгъуащ. ТIури толIэ хъыджэбзым, итIани зым адрейм щебзыщI. Хъыджэбзми къыхихынур ищIэркъым: тIури щIалэ екIущ, цIыху Iэдэбхэщ. Iей хъууэ хуежьащ хъыджэбзыр. И дэлъхум гу къылъитэри къыхигъэзыхьащ:
- Сыт Iей ущIэхъур? Уи жагъуэ къэзыщI щыIэ?
- Хэт къищIын си жагъуэ – зыми къыщIыркъым…
- АтIэ уигу къеуэр сыт?
Щыхигъэзыхьым, хъыджэбзым зиумысыжащ:
- Ди къуажэм зэныбжьэгъуитI дэсщ, тIуми фIыуэ сыкъалъагъу, ауэ зыр зым къищIэркъым. Си зэранкIэ я ныбжьэгъугъэр къутэнущ. Аращ сигу къеуэр…
- АтIэ ар Iуэху, - жиIащ и дэлъхум. – Махъсымэ чей гъэхьэзыри, тIури къегъэблагъэ. Сэ бжьэ ястынщи, Iуэхур зытетыр ясIуэкIынщ. АдэкIэ щIапхъэми сеплъынщ…
ЗэрызэгурыIуам хуэдэу ящIащ. ЩIалитIыр хъыджэбзым и дэлъхум къриджащ, бжьэ зырыз яритри яжриIащ:
- Си шыпхъур тIуми фIыуэ фолъагъу. Дэтхэнэр малъхъэ схуэхъуми сэ зытезгъэгусэркъым. Пщэдей жэщ нэхъ фIэмыкIыу си шэщым шы къарапцIэ, натIэ гъуджэу, къыщIэзыгъэувэм си шыпхъур изот…
ЗэгурыIуэри зэбгрыкIыжащ. Зы дакъикъи зимыIэжьэу зыр гъуэгу техьащ. Адрейр, КъантемыркIэ зэджэ щIалэр, егупсысащ:
- ЗанщIэу сежажьэкIэ, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ дэнэ къисхын? ЛIыжь Iущ гуэр деж сыкIуэнщи, сечэнджэщынщ…
ХьэжмырзэкIэ еджэу къуажэм лIыжь Iущ гуэр дэсти, кIуэри ечэнджэщащ:
- Сэ хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащ. Хъыджэбзым и дэлъхум мыр къыдиухылIащ, - жери и Iуэхур хуиIуэтащ.
- Шы къарапцIэ натIэ гъуджэ мы хэкум щыбгъуэтынукъым, - къыжриIащ лIыжьым. – Апхуэдэш къыпхуэзыгъуэтыфынур псы тIуащIэм дэс Етэчщ. Абы и деж си пщIэгъуалэм уихьынщ.
Хьэжмырзэ и пщIэгъуалэм шэсри, Къантемыр псы тIуащIэм кIуащ. Жэщыбгым фIэкIауэ, Етэч и пщIантIэм дыхьэри джащ. Етэч унэм къыщIэкIри, щIалэр иригъэпсыхащ.
- Сытым укъысхуихьа? – къеупщIащ щIалэм еблэгъэн щимыдэм.
- Хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащи, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ къыспаубыд. Уэр фIэкIа апхуэдэш зыгъуэтын щымыIэу жаIэ. СынолъэIу: си хьэтыр къэлъагъу.
- Хъунщ, - жиIащ Етэч. – УзгъэщIэхъункъым. Шыр уэтэрым тетщи, сэ сыкIуэнщ. Уэ сэ сыкъызыщIэкIа пэшым щIыхьи, си пIэм гъуэлъ.
- Ар дауэ хъун, абы уи щхьэгъусэр щожей! – идакъым щIалэм.
- Укъыспэрымыуэ, сэ зэрыбжесIам хуэдэу щIы!
Сыт ищIэнт: пэшым щIыхьэри, цIыхубзым бгъурыгъуэлъхьащ, и къамэр кърихри, я зэхуаку дилъхьащ. Нэхущым деж къэсыжащ Етэчыр. Шы къарапцIэр къритри къиутIыпщыжащ. Езыр и пэшым щIыхьэжащ. ПIэм нэсыжа хъунтэкъым цIыхубзыр гъынанэу къыщызэфIэтIысхьам.
- Сыт ущIэгъыр? – игъэщIэгъуащ Етэч.
- СыткIэ сымыгъынрэ: ухуеймэ, ущIокI, ухуеймэ укъыщIохьэж, уздэкIуэр сщIэркъым, ущыхэтыр сщIэркъым. УкъыщIохьэжри, къамэ къызбгъурыболъхьэ. СыткIэ уигу зэзгъэбгъа?
ЛIыр гуфIащ жэщ хьэщIэм цIыхугъэ хэлъу къызэрыщIэкIам щхьэкIэ. И щхьэгъусэми зыри жриIакъым…
Къантемыр зылъыхъуа хъыджэбзым и дэлъхур нэхущым деж шы щыщ макъым къыдэушащ. Зихуапэри шэщым кIуащ: шэщым къарапцIэ дахэ щIэтт, натIэ гъуджэу.
- Малъхъэ къэзгъуэтащ, - жери гуфIащ хъыджэбзым и дэлъхур, етIуанэ махуэм и шыпхъур Къантемыр иритащ, нысашэ дахэкIэ дригъэшащ.
Илъэс хуэдэ дэкIагъэнщ. Етэч и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. ПIалъэр икIыху щыгъуэри, Етэч щхьэгъусэ лъыхъуэу хыхьащ. Куэдым щыщIэупщIащ: игу ирихьын игъуэтакъым. «Си къарапцIэр зэста щIалэм деж сыщыщIэупщIэнщи сеплъынщ», - жери Къантемыр деж кIуащ. ГуфIэу иригъэблэгъэнтэкъэ, иригъэблагъэри, хьэщIагъэшхуэ кърихащ, къызытекIухьамкIэ еупщIащ…
ТIури шэсщ, ежьэри тхьэмахуэ хуэдэкIэ заплъыхьащ – ягъуэтакъым Етэч хуэфэщэн цIыхубз. Ямыгъуэту къагъэзэжащ. «НакIуэ, псым дыдыхьэнщи зыдгъэщIыIэтыIэнщ», - жери Къантемыр и хьэщIэр псыхъуэм дишащ. Абы хэту Къантемыр и щхьэгъусэр пхъэхь иIыгъыу псыхъуэм дыхьащ. Ар щилъагъум, Етэч жеIэ:
- Мо цIыхубзыр къэсшэнт, хэтхэ ящыщми…
Етэчым дэнэ щищIэнт ар Къантемыр зэрищхьэгъусэр?..
- Дэгъуэщ, - жиIащ Къантемыр. – Ар си благъэщ. Улъызгъэхъунщ…
Къантемыр и щхьэгъусэр Етэч иритщ, шу гъуси яхуищIри иутIыпщыжащ. ЦIыхубзыр лэгъунэм щIашащ, жэщ хъури лIыри кIэлъыщIыхьэжащ.
ЛIыр зэрыщIыхьэжу цIыхубзыр къэдыхьэшхащ.
- Сыт ущIэдыхьэшхыр? – игъэщIэгъуащ Етэч.
- Шы къарапцIэр щIэпту щхьэгъусэ къызэбгъэша щIалэм и щхьэгъусэм фIэкIа фыз пхуэхъун зэрумыгъуэтаращ сыщIэдыхьэшхыр…
- ЗэрымыщIагъэкIэ емыкIу злэжь пэтащ, - жери Етэч гур къызэщIищIэри, цIыхубзыр зейм хуишэжащ, тыгъэ лъапIи трилъхьэри.

 

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ.
Поделиться: