Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш щIапIэу къыщагъэсэбэп щIыхэм мелиорацэм пыщIа Iуэхухэр щегъэкIуэкIыным трагъэкIуэдэну субсидиехэр зэрыхухах Хабзэхэр къэщтэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м Налшык къалэ №135-ПП

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш хозяйствэм зыщегъэужьыныр, мэкъумэш продукцэм, сырьем, ерыскъыпхъэхэм я рынокыр щызэблэгъэкIыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къыдигъэкIа унафэ №181-ПП-мкIэ къищтам, хиубыдэ Iуэхухэр гъэзэщIэн мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш щIапIэу къигъэсэбэп щIыхэм мелиорацэм пыщIа Iуэхухэр щегъэкIуэкIыным трагъэкIуэдэн папщIэ субсидиехэр зэрыхухах Хабзэхэр къэщтэн мы унафэм и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. Къару ямыIэжу къэлъытэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм мы къыкIэлъыкIуэ и унафэхэм:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мэкъумэш щIапIэу къыщагъэсэбэп щIыхэм мелиорацэм пыщIа Iуэхухэр щрагъэкIуэкIын папщIэ мэкъумэш продукцэ къэзылэжьхэм субсидиехэр зэрыхухах Хабзэхэр къэщтэным и IуэхукIэ» №202-ПП-м щIэту 2020 гъэм фокIадэм и 9-м къищтам;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и языныкъуэ унафэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» №122-ПП-м щIэту 2021 гъэм накъыгъэм и 31-м къищтам.
 

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий
Поделиться: