Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
 I.«202I гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ страхрванэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егорова Татьянэ

Налшык къалэ
2022 гъэм накъыгъэм и 26-м
№509-П-П

 202I гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым къищтащ 2022 гъэм накъыгъэм и 26-м

1 статья
2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым (адэкIэ-Фондщ) и бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуам теухуа отчетыр мы бжыгъэ нэхъыщхьэхэмкIэ къэщтэн:
1) Фондым и бюджетым и хэхъуэхэр псори сом мин 11986413,3-рэ хъууэ;
2) Фондым и бюджетым и хэщIхэр псори зэхэту сом мин 11855594,8-рэ хъууэ;
3) Фондым и бюджетым къыдэхуар (профецитыр) сом мин 130818,5-рэ хъууэ;
2 статья
2021 гъэм Фондым и бюджетыр гъэзэщIа зэрыхъуар къэщтэн мыбыхэм хуэдэу:
I)2021 гъэм Фондым и бюджетым и хэхъуэхэм я хэкIыпIэхэр мы Законым и гуэдзэн №I-м зэритым хуэдэу;
2)2021 гъэм Фондым и бюджетым и хэщIхэм разделхэмкIэ, раздел къуэдзэхэмкIэ, статья хэхахэмкIэ, зытрагъэкIуэда IуэхухэмкIэ я зэхэлъыкIэр мы Законым и гуэдзэн №2-м зэритым хуэдэу;
3)2021 гъэм Фондым и бюджетым хущыщIар зэрырагъэкIужа хэкIыпIэхэр мы Законым и гуэдзэн №3-м зэритым хуэдэу;
4)2021 гъэм Урысей Федерацэм и бюджет IэнатIэм и нэгъуэщI бюджетхэм къыхэкIыу къаIэрыхьа бюджет зэхуаку трансфертхэр зэрытрагуашар мы Законым и гуэдзэн №4-м зэритым хуэдэу.
3 статья
Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и I4-м
№22-РЗ

Поделиться: