Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 

            Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэм  езыджэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 21-м къыдигъэкIа Указ №28-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

      

  1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэм езыджэ и комиссэм, «2022 гъэм и гъатхэм цIыхухэр дзэм къулыкъу щащIэну гъэкIуэныр къызэгъэпэщыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 21-м къыдигъэкIа Указ №28-УГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм дзэм езыджэ и комиссэм  и гуп нэхъыщхьэм:

хэгъэхьэн  Шыд М.И. – «Къалэ клиникэ сымаджэщ №I» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и дохутырыр-хирургыр;

къыхэгъэкIыжын ХъутIэ А.Хь.

б) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр дзэм еджэнымкIэ и комиссэм и гуп къуэдзэм хэгъэхьэн ХъутIэ А.Хь. –«Къалэ клиникэ сымаджэщ №I» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и дохутырыр-хирургыр.

2. Мы Указым  къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ  КIуэкIуэ Казбек.

Налшык къалэ

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м

№63-УГ

Поделиться: